|
Спорт
20 марта, 2023 - 09:15
2023 гъэм и гъатхэпэм и 3-м къыщыщIэдзауэ и 10 пщIондэ Башкирием и къалащхьэ Уфа щекIуэкIащ МВД-м боксымкIэ и урысейпсо зэхьэзэхуэ. ЩIыналъэ зэхуэмыдэхэм къикIа организацэ I5-м я гупхэр зыхэта зэхьэзэхуэм КъБР-м и командэм етIуанэ увыпIэр къыщихьащ.
19 марта, 2023 - 15:22
Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и гуп нэхъыщ-хьэм щекIуэкIа щIымахуэ зэпеуэм и кIэух зэIущIэхэр зэхэтащ. ИпэкIэ хъыбар зэрывэдгъэщIауэ, абы япэ, етIуанэ увыпIэхэр щызыубыдахэр нэхъ пасэу белджылы хъуат. Иджы ещанэр зыIэрыхьари наIуэщ.
19 марта, 2023 - 14:55
Ираным и къалащхьэ Тегеран тхьэмахуэ кIуам щекIуэкIащ штангэмкIэ «NOWRUZ GAH Fencing Olympiad» зыфIаща япэ дунейпсо цIыхубз джэгухэр.
19 марта, 2023 - 08:45
Мы гъэм гъатхэпэм и 3 - 10-хэм Уфа къалэм щызэхэтащ Урысей МВД-м боксымкIэ и чемпионат. Башкортостаным и щыхьэрым щекIуэкIа зэхьэзэхуэм щызэрихьэлIащ къэралым и щIыналъэхэм я хабзэхъумэ органхэмрэ еджапIэ 15-м, апхуэдэуи Центральнэ, Приволжскэ федеральнэ щIыналъэхэм транспортымкIэ я управленэхэм я командэхэр. Абы хэтащ КъБР-м щыIэ МВД-м и гупыр икIи етIуанэ увыпIэр къихьащ.
19 марта, 2023 - 06:57
Калининград къалэм щекIуэкIащ бэнэкIэ хуитымкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ зэIуха. Ар къызэрагъэпэщат Урысейм бэнэкIэ хуитымкIэ щIыхь зиIэ и мастер Шумилин Андрей и фэеплъу.
17 марта, 2023 - 12:03
Шабзэ
Иджыблагъэ Тульскэ областым щекIуэкIащ шабзауэ ныбжьыщIэхэм я урысейпсо зэхьэзэхуэ.
Абы хэтащ ди къэралым и щIыналъэ 12-м къикIа щIалэрэ хъыджэбзу спортсмен 40-м нэблагъэ. Илъэси 10-12 зи ныбжьхэр я деж щызэпеуахэм я деж япэ увыпIэр къыщихьащ Налшык дэт, узыншагъэр щрагъэфIакIуэ еджапIэм и гъэсэн Балъкъэр Дисанэ.
НыбжьыщIэр зэхьэзэхуэм хуагъэхьэзыращ Кулишинхэ Александррэ Натальерэ.
БэнэкIэ хуит
7 марта, 2023 - 16:00
Налшык къалэ дэт «Гладиатор» спорткомплексым гъатхэпэм и 4 – 5-хэм щекIуэкIащ дзюдомкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ. Ар хуэгъэзауэ щытат «Динамо» Урысейпсо физкультурэ спорт зэгухьэныгъэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэсищэ зэрырикъум.
6 марта, 2023 - 10:07
Ди футбол командэ пашэм Урысейм и чемпионатым и етIуанэ дивизионым зэрыщыджэгунум зыхуигъэхьэзыру кIэух зэIущIэр Кисловодск къалэ щригъэкIуэкIащ. КъыпэщIэтар и зэфIэкIыныгъэкIэ езым хуэдэн Орехово-Зуевэ и «Знамя труда» командэрщ. Ар етIуанэ дивизионым и ЕтIуанэ гупым щоджэгу.
13 февраля, 2023 - 10:35
ММА
Бахъсэн къалэ администрацэм и Iэтащхьэ, Урысейм щIыхь зиIэ и тренер Мамхэгъ Хьэчим зыгъэсэныгъэ дригъэкIуэкIащ ММА-м и зэуакIуэ, дуней псом и абсолютнэ чемпион Мырзэкъан Азэмэт.
Дунейм а зэуэкIэ лэужьыгъуэмкIэ щынэхъ лъэрызехьэу ябжхэм я деж I5-нэ увыпIэр щызыIыгъ Мырзэкъаныр Мамхэгъым и гъэсэнщ. UFC-м и лигэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу а зы щIалэрщ хэтыр. Ар зэкIэ къыхагъэнакъым - I2:0-м и рекордыр иIыгъщ.
КъыкIэлъыкIуэ зауэр Мырзэкъаным иригъэкIуэкIынущ мэлыжьыхьым и I5-м. А махуэм абы и хьэрхуэрэгъуу щытынущ США-м щыщ Джейкоби Дастин.
Страницы
|