Календарь событий

01 июня 2022

УсакIуэ

Зэгуэрым щIэблэ къиувэнум ди пIэм
Ди щэн е ди сурэт къыхэщыжынщ.

Бемырзэ Мухьэдин.
УсакIуэщ, тхакIуэщ, драматургщ Бемырзэ Зураб. Сабийхэми балигъхэми яхуэгъэзащ и къалэм жаныр. Сабиигъуэм, усыгъэм, и адэм теухуауэ Зураб и гупсысэхэр куущ!
Сабиигъуэм къыздисха зы хьэл

Вагъуэ шынагъуэхэр

Астрономхэм хьэршым къыщалъэгъуа къэщIыгъэхэм ящыщу я нэхъ шынагъуэ дыдэу мы зэманым къалъытар квази-вагъуэкIэ зэджэхэрщ («квази» - латин псалъэщ, «ещхь» жыхуиIэщ).
Квазархэр, я зэпрыупIэр куэдкIэ нэхъ цIыкIу пэтми, нурыбэу къапихым гуащIагъэ ин дыдэ зэрызэрихьэмкIэ адрей вагъуэхэм емыщхь къэщIыгъэщ. Абыхэм я къэунэхукIэ хъуари, я зэхэлъыкIэри щIэныгъэлIхэм иджыри къыздэсым нэгъэсауэ яхузэхэгъэкIакъым. Аращ а пкъыгъуэхэм, вагъуэ абрагъуэхэм ещхьу зэщIэлыдэхэм, квази-вагъуэкIэ щIеджэри.

И Iуэтэжыр кIыхьщ икIи гуузщ

 IуэрыIуэтэдж цIэрыIуэ КъардэнгъущI Зырамыку I979 гъэм къыдигъэкIа «Адыгэ уэрэдыжьхэр» тхылъым ущрихьэлIэнущ «Лабэдэсхэм я гъыбзэ» жыхуиIэм ехьэлIа хъыбар гуузым и зы къэIуэтэкIэм. КъардэнгъущIым къихьа хъыбарым лъабжьэ хуищIа тхыгъэхэми нэгъуэщIхэми Интернетым сыщылъыхъуащ. СызрихьэлIахэм я нэхъыбэр лъабжьэ куу зиIэу къэслъытащ, ди адэжьхэм я блэкIам и гугъу зэращIри шэч къызытумыхьэнщ. АтIэми, а псоми я гугъу дымыщIми, КъардэнгъущIым ейм ехьэлIам, зы мащIэкIэ ар абы къыщхьэщыкIми, кIэщIу дытепсэлъыхьынщ.

УнафэщI къызэрымыкIуэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и унафэщI къулыкъур илъэс I3-кIэ зэрихьауэ, сымаджэ хъури, абы пэрыкIын хуей хъуат КIуэкIуэ Валерий Мухьэмэд и къуэр. Егъэлеяуэ политик Iущт, къэрал лэжьакIуэ лъэрызехьэт ар, лъэпкъхэм я зэхуаку зэныбжьэгъугъэ дэлъыным сыт щыгъуи и телъхьэт.

Синдикэ къэралыгъуэ

Анапэ и Iэхэлъахэм пасэрей къалэжь ущрохьэлIэ, къызэрищэхэжрэ Iэджэ щIауэ. Зэшиблым я къалэжькIэ йоджэ абы нобэ, къызэрахутамкIэ, ар зи IэдакъэщIэкIыр синдхэрщ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, пасэрей адыгэхэрщ. Къалэр мывэ блын лъагэкIэ къэхухьауэ щытащ, блыным метритIрэ ныкъуэрэ и Iувагъщ, и лъагагъыр метритIым нэблагъэрт. Зэшиблым я къалэжькIэ нобэ зэджэ быдапIэр (и цIэ дыдэр тхыдэм къыхэнакъым) зыщIар илъэс минитIрэ щихрэ ипэкIэ къэрал зыухуауэ щыта синдхэрщ.

ЗэгурыIуэныгъэхэр зэращIылIэ

КъБР-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Рахаев Борис иджыблагъэ яIущIащ Пермь къалэм дэт, Прянишников Дмитрий и цIэр зезыхьэ мэкъумэш-технологие университетым и лIыкIуэхэм.
Университетым и ректор Андреев Алексейрэ абы и къуэдзэ Оборин Матвейрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым лэжьыгъэ IуэхукIэ къэкIуауэ махуэ зыбжанэ лъандэрэ щыIэщ. ХьэщIэхэм я мурадщ щIэныгъэм и мызакъуэу, мэкъумэш промышленностымкIэ, экономикэмкIэ, щIэныгъэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым зэгурыIуэныгъэхэр къращIылIэну, иджыри къыздэсым щIыналъитIым я зэхуаку илъа зэпыщIэныгъэхэр къагъэщIэрэщIэжыну.

ГъащIэм щыщ теплъэгъуэхэр

Адыгэбзэ ныкъуэ
Ди кхъэхэм уихьа нэужь, сынхэм тетхам уеплъмэ, укъоуIэбжь. Языныкъуэхэм щыуагъэ зыхэт адыгэбзэкIэ, адрейхэм урысыбзэкIэ тратхэ. А цIэ-унэцIэ тIэкIум щыуагъэу хащIыхьыр сыт хуэдиз. КъимыдэкIэ, ущыадыгэкIэ, уи цIэ-унэцIэри адыгэбзэкIэ тетхэн хуейщ.

НОБЭ

Сабийхэр хъумэным и дунейпсо махуэщ
Адэ-анэм я дунейпсо махуэщ
Шэм и дунейпсо махуэщ
Къэжыхьыным и дунейпсо махуэщ
Урысейм и Ищхъэрэ флотым и махуэщ
УФ-м и дзэ-транспорт авиацэм и махуэщ
Правительственнэ связь IэнатIэр къыщызэрагъэпэща (1931 гъэм) махуэщ

1806 гъэм архитектор Джакомо Кваренги Петербург ухуэн щыщIригъэдзауэ щытащ Смольнэ институтым и унэр.
1829 гъэм КъухьэпIэ Австралиер къызэIуахащ.