Календарь событий

04 июня 2022

Унэжьхэм цIыхухэр къыщIагъэIэпхъукI

КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий дыгъуасэ зи чэзу зэIущIэр иригъэ­кIуэкIащ. Абы Iуэхугъуи 10-м щIигъум щыхэплъащ.

мы махуэхэм

Мэкъуауэгъуэм и 4, щэбэт

♦Бийр къащытеуам хэкIуэда сабийхэм я дунейпсо махуэщ
♦1943 гъэм Налшык щекIуэкIащ фашистхэм я бийуэ республикэм и цIыхубзхэм къы­зэрагъэпэща пэкIур.

Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 29 – 30, жэщым градус 18 – 19 щыхъунущ.

Мэкъуауэгъуэм и 5, тхьэмахуэ

Экономикэр ефIэкIуэнукъым, хьэрычэт Iуэхум зимыужьмэ

КъБР-м и Парламентым Экономикэ политикэмкIэ, зыужьы­ныгъэмрэ хьэрычэт IуэхумкIэ и комитетым и зэIущIэм иджы­благъэ щытепсэлъыхьащ республикэм хьэрычэт Iуэху мащIэмрэ курытымрэ зэрызыщаужьым.

Къэрал мылъкур къызэрагъэсэбэпыр

Москва къалэм иджыблагъэ лэжьыгъэ IуэхукIэ щызэхуэзащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ Къэрал мылъкур зехьэ­нымкIэ федеральнэ агентствэм и унафэщI Яковенкэ Вадимрэ. Абыхэм я зэпсэлъэныгъэр теухуауэ щытащ республикэм и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ IэнатIэ зыбжанэм щызэ­дэлэжьэным.
Абыхэм хиубыдэу къыхагъэщхьэхукIащ инвестицэ проектхэр гъэзэщIэным ехьэлIауэ щIы Iыхьэхэр федеральнэ мылъкум къыхагъэкIыу муниципалитетхэм я мылъкум хэгъэ­хьэныр.

Электроэнергетикэм зегъэужьыным сом мелард 1,6-м щIигъу трагъэкIуэдэнущ

 КIуэкIуэ Казбек иджыблагъэ Москва щыхуэзащ «Россети» акционер зэгухьэныгъэ зэIухам и генеральнэ директор Рюмин Андрей. ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ ди республикэм и электросетхэм зегъэужьынымкIэ щыIэ зэ­фIэкI­хэм, абы хуэунэтIауэ лъэныкъуитIми я къарур зэгъэуIуным, апхуэдэу энергетикэм и IэнатIэр туристхэм я гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэр къыщызэIуахыну лъэхъэнэм зэрыхуэхьэзырым.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал дамыгъэхэр тыным и IуэхукIэ

Илъэс куэд лъандэрэ хьэлэлу зэрылажьэм, зэфIэкIышхуэ зыбгъэдэлъ IэщIагъэлIхэр гъэхьэзырынымкIэ куэд зэрызэфIагъэкIам папщIэ дамыгъэхэр етын «Урысей Федерацэм Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министерствэм Краснодар дэт и университет» щIэныгъэ нэхъыщхьэ щрагъэгъуэт федеральнэ къэрал кIэзонэ егъэ­джэныгъэ IуэхущIапIэм Урысейм и МВД-м и лэжьакIуэхэм я IэщIагъэм щыхагъахъуэ и Кавказ Ищхъэрэ институтым мы къыкIэлъы­кIуэ и лэжьакIуэхэм:

Бадзэуэгъуэ мазэр къэсыху

Бгы-лыжэ спортым дихьэххэм я зыгъэпсэху­гъуэ лъэхъэнэр щиухынур бадзэуэгъуэм и 3-м нэсыху ягъэIэпхъуащ. 

Налшык и Мей хьэблэр

КъБР-м и Iэтащхьэр лэжьыгъэ IуэхукIэ Моск­ва щыIущIащ ДОМ.РФ-м и уна­фэщI Мутко Виталий.

Зи плъапIэхэр нахуапIэ хъуахэр

Къэбэрдей-Балъкъэр Рес­-пуб­ликэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ ­Казбек мэкъуауэгъуэм и 2-м Моск­ва щахуэзащ сабийхэмрэ ­ныбжьыщIэхэмрэ я «Большая ­пе­ремена» урысейпсо фес­ти­валым ди щIыналъэм и цIэкIэ мы махуэхэм хэт егъэджа­кIуэ­хэмрэ школакIуэхэмрэ.