Календарь событий

29 июня 2022

Лабэрэ Щхьэгуащэрэ

 Адыгэ лъагъуэжьхэмкIэ къэзыкIухьын зыфIэфIхэм я гуп къызэбгъэпэщын ипэ, уэ езым зыбжанэрэ апхуэдэ гъуэгуанэ къэпкIуауэ, а Iуэхуми цIыху гуэрхэр дебгъэхьэхауэ щытын хуейщ.

ЛIыгъэкIэ насып къахьыркъым

НарджхэукIэ зэджэр  бжэрэ щхьэгъубжэрэ хэмылъу пщыIэ факъырэ щIэс Iэхъуэт, ауэ щыхъукIи, абы лIыгъэкIэ къыпэхъун къэгъуэтыгъуейт,   и гъуэгу къытехьам хуигъэгъунутэкъым.

Зэманым и хабзэм тети…

БлэкIа лIэщIыгъуэм и 70-80 гъэхэм «биоритмхэм я махуэгъэпс» щыIащ. ИнагъкIэ зэхуэмыдэ дискищыр бжыгъэ зэпыхукIахэм я хъуреягъкIэ щызекIуэрт. Ар къэзыгупсысахэм жаIэрт цIыхухэм я физическэ, зэрызыхищIэ, зэрыгупсысэ биологическэ ритмхэм я зыужьыкIэхэр къриппщытэ хъууэ. Абы папщIэ махуэгъэпсым иребгъэубыдэн хуейт укъыщалъхуа гъэр, мазэр, махуэр. Зэман дэкIри, щIэныгъэм махуэгъэпсыр лъабжьэншэу, мыхьэнэ имыIэу къилъытащ. Ауэ биоритм жыхуаIэжыр щыIэщ, абы емылъытауэ. ЦIыхум и закъуэкъым, псэ зыIут псоми яIэщ ар. ГурыIуэныгъэ щыщыIэкIэ, ар зыдж щIэныгъи щыIэщ – «хронобиологие».

Дауэ цIыхухэр Марсым зэрыщыпсэунур?

ЯпэщIыкIэ бжыгъэхэр. Дыгъэм зэрыпэжыжьэмкIэ Марсыр (Пасэрей Римым зауэм и тхьэ нэхъыщхьэу щагъэлъапIэу щытам и цIэр фIащащ) планетэ еплIанэщ-Меркурийм, Венерэм, ЩIым я ужькIэ. Абы и инагыр зэрыхъур ЩIым ейм и проценти 10,7-рэ къудейщ. ПланетитIыр зэм километр мелуан 40I-кIэ зэпэжыжьэ мэхъу (Дыгъэр я  зэхуакум  щыдэткIэ), зэми километр 55,76-кIэ фIэкIа я мызэхуакуу зэбгъэдохьэ. (ЩIыр Дыгъэмрэ Марсымрэ я зэхуакум щыдэтхэм деж). Зи гугъу тщIы планетэм цIыхур зэрыбауэ хьэуар егъэлеяуэ щымащIэщ, ауэ псы щыIэу хуагъэфащэ.

Ихъуреягъым псэщIэ хилъхьэрт

«И адэм хуэфэщэн пхъут» хужаIэ нобэ ди тхыгъэр зытедухуа бзылъхугъэр зыцIыхуу щытахэм. ЩоджэнцIыкIу Ленэ Алий и пхъур цIыхухэм ягу къинэжащ гуапагъэр зэбэкI, цIыхугъэ зыхэлъа, щIэныгъэ куу зиIа цIыхубз гуащIафIэу. ГъащIэ кIыхь Тхьэм къыхуимыухами, дэтхэнэ и зы махуэри IуэхуфIкIэ гъэнщIауэ ирихьэкIащ.

Прозэу тха усэхэр

ДызылъэмыIэс дуней

ЩIыхь зыпылъ гъуэгуанэ

 Мы гъэм илъэс 90 ирокъу ди щIыналъэм еджапIэ нэхъыщхьэ иIэ зэрыхъурэ. Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал пединститутыр I932 гъэм къыщызэрагъэпэщауэ щытащ Къэбэрдей-Балъкъэрым. Ди республикэм и цIыхубэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэт ар.

Дунейм щыхъыбархэр

Нобэ

Тропик мэзхэр хъумэным и дунейпсо махуэщ

Дунай псым и махуэщ

Урысей Федерацэм щагъэлъапIэ партизанхэмрэ тылым щэхуу щылэжьахэмрэ я махуэр

УФ-м и кхъухьухуэхэм я махуэщ

1776 гъэм иджырей Сан-Францискэ (США) къалэр зыхуэзэ щIыпIэ нэщIыр псэупIэ ящIауэ щытащ испанхэм.

1855 гъэм Лондон къыщыдэкIащ «Дейли Телеграф» газетым и япэ номерыр.