Календарь событий

30 сентября 2022

ШыщӀэр зышх блэжьыр

(Хъыбар)

Уи фIэщ мыхъун бжесIэнщ сэ. Зауэм и пэкIэ ди адэр шыбзыхъуэу Къущхьэхъу щыIэти, йоуэри, зы махуэ гуэрым тIэкIу зигъэпсэхуну къыдохьэж аби, мыпхуэдэу жеIэ:

 - Мызэ, сэ тIэкIу зызгъэпсэхуну сыкъэкIуэжащи, уэ си пIэкIэ кIуэи, си гъусэхэм ядэIэпыкъ, арыншэмэ кьатехьэлъэнщ! - жери и шыр къызет:

 - Мыри къыпщхьэпэжынщ! - жи, Iэдакъэсэ гуэр иIэти, ари къызет.

Сэри сошэсри Къущхьэхъум сокIуэ. СыздэкIуам къысщыгуфIыкIыу срагъэблэгъащ. Махуэ и ужькIэ я нэхъыжьым унафэ ещI, сэри шы згъэхъун хуейуэ.

Жансэхъу Шужьей (1570 – 1626)

Къэбэрдей ӀуэрыӀуатэм щымащӀэкъым Шужьей теухуа хъыбархэр, Нэгумэ Шорэ и «Тхыдэми» къыхощ ар. Абы зэритхымкӀэ, «Къэбэрдейм япэм яӀа мамыр псэукӀэр ХьэтӀохъущыкъуэпщым зэфӀигъэувэжащ».

Шэч хэлъкъым пщы ХьэтӀохъущыкъуэ къэбэрдейхэм хуэфащэ пщӀэ хуащӀу зэрыщытам. Абы къыхэкӀкӀэ къызолъытэ ар хэӀэтыкӀауэ Къэбэрдейм я тхыдэм, псом хуэмыдэу и ӀуэрыӀуатэм къызэрыхэщыр.

Усэ зымытха Пушкин

Пушкин Сергей - метрологщ, Совет Союзым и япэ атом сыхьэтыр къэзыгупсысахэм я пашэщ, усакIуэшхуэм и лIакъуэм пызыщахэм ящыщщ.

Дахагъэмрэ гуапагъэмрэ я дуней

Сочэ къалэм щызэхуащIыжащ къэфакIуэхэм папщIэ къызэрагъэпэщ «Дахагъэмрэ гуапагъэмрэ дунейр кърагъэлынущ» XXI щIыналъэ зэхуаку олимпиадэр. Хабзэ зэрыхъуауэ, ар къызэригъэпэщащ Дунейпсо Арткомитетым.

Амур къаплъэныр хъумэным хуэунэтIауэ

«Амур къаплъэн» щхьэзакъуэ мылъкукIэ зэхэмыт зэгухьэныгъэмрэ (АНО) «Урысейм и Мэкъумэш банкымрэ» зэхэту ягъэзащIэ куэдрэ узримыхьэлIэ амур къаплъэнхэр дэIыгъыным ехьэлIа проектыр.

Апхуэдэ къару зиIэр фащэрт

Къэбэрдей-Балъкъэрым лъэпкъ щэнхабзэм зыщезыгъэужьахэм я гугъу щытщIкIэ, Атэлыкъ унэцIэр абы гуэхыпIэ иIэкъым.

«Гузэсэжын»

Iуэтэж

Нэчыхьытх къэкIуэнухэм пэплъэу пэшым щIэс  гупым зылI къахэпсэлъыкIри, «сэ фызэмыдэIуэн гуэр фезгъэдэIуэнщ», - яжриIащ. ЖьантIэм дэс нэхъыжьым ар щызэхихым: «Тхьэ соIуэ, Мухьэжид, ар гупыж пщIыуэ къыщебгъэжьакIэ, гъэщIэгъуэн гуэру гурыщхъуэ сощIмэ, къэIуатэ мыдэ», - къритыжащ жэуап.

ЦIыхубэмрэ унафэщIхэмрэ я лъэмыж

Шурдым Мадинэ Бахъсэн районым хыхьэ Жэнхъуэтекъуэ къуажэм къыщалъхуащ. Курыт школыр къиуха нэужь, КъБКъУ-м ФилологиемкIэ и институтым урысыбзэмрэ урыс литературэмкIэ и къудамэм щеджащ. Абы щIэсу Мадинэ усэ тхыным дихьэхащ. Усэ гъэхуауэ къеджэнымкIэ зэпеуэхэм ар щIэх-щIэхыурэ хыхьэрт, литературэ журналхэм и тхыгъэхэр къытригъадзэрт, ауэ и IэдакъэщIэкI усэхэр газетхэм иритыну тегушхуэртэкъым. Абыхэм къадэкIуэу, Шурдымыр рекламэм епха агентствэм менеджеру лэжьэн щыщIидзащ.

НОБЭ

ФокIадэм и 30, мэрем

♦ЗэдзэкIакIуэм и дунейпсо махуэщ

♦Абхъаз Республикэм и лъэпкъ гуфIэгъуэщ – Куржы-Абхъаз зауэм къыщихьа ТекIуэныгъэр егъэлъапIэ

♦1941 гъэм нэмыцэхэм «Тайфун» зыфIаща ебгъэрыкIуэныгъэм, Москва къэубыдыным теухуам, щIадзащ.

♦1960 гъэм Налшык лэжьэн щыщIидзащ алэрыбгъу щащI «Горянка» фабрикэм.

♦1965 гъэм «СССР-м щIыхь зиIэ и кхъухьлъатэзехуэ», «СССР-м щIыхь зиIэ и штурман» цIэхэр ягъэуващ.

Убыххэм я щхьэм кърикIуар

Илъэсищэм щIигъукIэ екIуэкIа Кавказ зауэм кIэ щигъуэтар убых щIыналъэрщ - 1864 гъэм накъыгъэ мазэм и 21-м. Абы иужькIэ убыххэр Тыркум Iэпхъуащ, унагъуэ зыбгъупщI нэхъыбэ къинакъым ахэр игъащIэ лъандэрэ зэрыса я хэкум. Хы Iуфэм къыщыщIэдзауэ бгыщхьэм нэс Сочэ, Мзымтэ, Хостэ псыхъуэхэм дэсащ убыххэр - абхъазхэмрэ шапсыгъхэмрэ я зэхуаку. ЩIэныгъэлIхэм я нэхъыбэм зэралъытэмкIэ, убыххэр мин 90 хуэдиз хъууэ щытащ - Кавказ зауэм и ужькIэ мин 70 Iэпхъуащ Тыркум, зауэм хэкIуэдам я бжыгъэм и гугъу умыщIми.