Жылагъуэ

Кулиев Къайсын и IэдакъэщIэкIхэр щызэхуэхьэсауэ

Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм иджыблагъэ къыщыдэкIащ усакIуэ цIэрыIуэ Кулиев Къайсын и IэдакъэщIэкIхэр зэрыт тхылъыщIэ. 

ПщIэр и гуащIэм къыпэкIуащ

Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и Урожайнэ къуажэм 1939 гъэм сентябрым и 10-м къыщалъхуащ парт лэжьакIуэ, Урысей Федерацэм и Къэрал Думэм и етIуанэ, ещанэ зэхуэшэсыгъуэхэм я депутат Сэхъу Владимир Къасболэт и къуэр. 

Я къалэнхэм щыщу къалъытэу

Iуащхьэмахуэ куейм и Тырныауз къалэм щекIуэкIащ 2005 гъэм жэпуэгъуэм и 13-м зи къалэн зыгъэзащIэу хъэкIуэда хабзэхъумэхэм я Фэеплъ махуэм теухуа пэкIу.

Лъэпщ и къуэ

Хы ФIыцIэ Iуфэм Iус шапсыгъхэр. Сочэ. Мы псалъэхэм къару хуабэ гуэр щIэлъщ Тыркум щыпсэу адыгэхэм я дежкIэ. Мызэ-мытIэу дгъэунэхуащ ар. Дэфтэр гуэри, мыхъури, псалъэ леи - зыри хуэныкъуэн ухъуркъым – я бжэр къыпхузэIуах. ЩIэупщIэркъым ныбжьми къулыкъуми – сыт хуэдэ IуэхукIэ захуэбгъазэми, гуапэу къыпIуощIэ. Сыт атIэ абы нэхъыбэ зыхуейр хамэщIым щыпсэу и лъэпкъэгъухэм я гъащIэм кIэлъыплъ журналистыр?! Нэхъыщхьэ дыдэр Хы фIыцIэ Iуфэм Iус шапсыгъ цIэрщ. А цIэр зепхьэу уахыхьа нэужь, узытепсэлъыхьынури куэд мэхъу, газет тхыгъэхэм папщIэ лIыхъужь екIухэри хьэзырщ.

Узэрыгушхуэнщи, хэкур зыщигъэгъупщэркъым

УФ-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ сурэтыщI, Европэм гъуазджэхэмкIэ и академик, Сан-Францискэ къалэм дэт университетым щIыхь зиIэ и доктор, Нью-Йорк ЩIэныгъэхэмкIэ и академием хэт Шемякин Михаил Михаил и къуэр Къардэн лъэпкъым ящыщщ.
…И адэр пасэу зеиншэ щыхъум, Гвардие хужьым и зы урыс офицерым ар ипIыну къищтат. Офицерыр Граждан зауэм хэкIуэдащ. Михаил (нэхъыжьыр) ящыщщ Бэракъ Плъыжьым и орден япэу зратахэм (илъэс 13-м иту). Художникым и анэр урыс актрисэ Предтеченская Юлэщ. Германиерщ Шемякиным и сабиигъуэр нэхъыбэу щигъэкIуар.

Лэжьыгъэм дахагъэ хелъхьэ

Агънокъуэ Лашэ зэритхащи, цIыхубзыр дунейм и дыгъэщ, цIыхубзыр дунейм и мазэщ. Тхьэм ирещIи, апхуэдэу а псалъэхэр щIитхар Тэтэр Ларисэ хуэдэхэр арагъэнщ. Теплъэ зэкIуж зиIэ цIыхубзым удимыхьэхыныр Iэмал зимыIэщ, сыту жыпIэмэ абы илэжь сыт Iуэхуми дахагъэ хелъхьэ.

Щокъуий Светланэ и дунейр

Псэ дахэ зиIэ цIыхур зыхэпсэухь дунейри телъыджэщ. Езыр гъащIэм щыгуфIыкIыу, зыхэтхэм гуапагъэкIэ етэу зэрыщытыр арагъэнущ Щокъуий Светланэ и IуэхущIафэхэри щIэдахэр. Щокъуийр илъэс куэд щIауэ адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэу щолажьэ Налшык къалэ дэт 18-нэ гимназием. Теплъэ зэкIуж зиIэ бзылъхугъэщ, цIыху гуащIафIэщ ар.

Куэдым щапхъэ яхуэхъу егъэджакIуэ

 Дэхъу Ритэ ди республикэм фIыуэ къыщацIыху егъэджакIуэщ, гъэсакIуэщ. Илъэс 36-рэ хъуауэ зи IэнатIэр хьэлэлу езыхьэкI цIыхубзым къыхуагъэфэщащ «Урысей Федерацэм егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр.

Зи нэгум нур кърих егъэджакIуэ

 Илъэс куэд лъандэрэ адыгэбзэм телажьэ Уэркъуасэ Иринэ, Тхьэшхуэм ирещIи, мыгуфIэу, и нэгум нэхугъэ гуэр къримыхыу зэи слъэгъуакъым. Налшык къалэ дэт еплIанэ гимназием щолажьэ Уэркъуасэр. Бзэр фIыуэ имылъагъумэ, абы ар хуэмысакъыу щытамэ, еджакIуэ цIыкIухэм я дежкIэ гъуэгугъэлъагъуэу щыт тхылъыр Иринэ къыдигъэкIынтэкъым.

ЦIыхур гугъуехьым епсыхь

Жамботхэ Къэсейрэ Гуащэхужьрэ я унагъуэр сыт и лъэныкъуэкIи зыхуей хуэзэу псэууэ, жылэми пщIэшхуэ къыщыхуащIу апхуэдэт. Зэщхьэгъусэхэм я бынхэр хабзэмрэ нэмысымрэ щIапIыкIыу, сыт хуэдэ Iуэхуми хуэмыщхьэхыу къагъэтэджырт. Апхуэдэ унагъуэр благъэ яхуэхъуныр, дауи, куэдым я хъуэпсапIэт. Махуэ гуэрым Жамботхэ лъыхъу къахуэкIуащ. Япхъу нэхъыжь Гуащэпс къыщIэупщIэр езыхэм хуэдэ лъэпкъыжь, пщIэрэ щIыхьрэ зиIэ ХьэтIокъущокъуэхэт. ЛъэпкъитIыр зэгурыIуэри, благъэ зэхуэхъуащ: Жамбот Гуащэпс щхьэгъусэ хуэхъуащ ХьэтIокъущокъуэ Мысост.

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ