Жылагъуэ

Зи нэхэм ямылъагъухэм я япэ еджапIэ

1784 гъэм Париж щыщ егъэджакIуэ цIэрыIуэ Гаюи Валентин правительствэми псапащIэ IуэхущIапIэхэми я дэIэпыкъуныгъэ хэмыту, езым и унэм къыщызэIуихауэ щытащ зи нэхэм ямылъагъу сабийхэм папщIэ школ. XVIII лIэщIыгъуэр къихьэху дуней псом апхуэдэ зы еджапIи щыIакъым.

Хьэх Сэфарбий Хьид и къуэр

Къэбэрей-Балъкъэр Республикэм щэнхабзэмкIэ и IэнатIэм хэщIыныгъэшхуэ игъуэтащ - и ныбжьыр илъэс 84-нэм иту дунейм ехыжащ къэбэрдей тхакIуэ, усакIуэ, КъБР-м и ТхакIуэхэм я союзым, КъБР-м и Журна­листхэм я союзым хэт Хьэх Сэфарбий Хьид и къуэр.

ХэкулI нэст

Къэбэрдей-Балъкъэрым и мащIэкъым куэ­дым щапхъэ яхуэхъуа гъащIэ гъуэгуанэ дахэрэ лэжьыгъэ купщIафIэ­рэ къызэзынэкIа уна­гъуэхэр. Абы­хэм яхэтащ, лъахэм и ­мызакъуэу, къэралым и зыу­жьыныгъэм зи гуащIэшхуэ хэзылъхьахэри, абыхэм я зэ­фIэкIыр бэм ­ящыгъупщэ мыхъуну.

Псым щысакъын хуейщ

Урысей МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэм щызэхалъхьэжащ 2022 гъэм псыхэм зыщыщагъэпскI пIалъэу жэпуэгъуэм и 1-м иухам кърикIуахэр.

ЩIымахуэ лъэхъэнэм хуагъэхьэзыр

ЩIымахуэ лъэхъэнэм Ставропольем, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэ­рэ­шей-Шэрджэсым, Осетие Ищхъэрэ - Ала­нием, Ингушым, Шэшэным, Дагъыстэ­ным я къэрал гъуэгухэм шынагъуэншэу икIи щIызэхуащIын хуей щхьэусыгъуэ къыхэмыкIыу ущызе­кIуэ­фын папщIэ Гъуэгухэм якIэлъып­лъынымкIэ «Кавказ» IуэхущIапIэм и гъуэгу лэжьакIуэ 800-м щIигъу а IэнатIэм пэрытынущ, абыхэм къагъэсэ­бэпынущ техникэ хэхауэ 516-рэ. АбыкIэ хъыбар къидигъэщIащ IуэхущIапIэм и пресс-IэнатIэм и лэ­жьа­кIуэ Тхьэмокъуэ Миланэ. 

ТекIуэныгъэм и гъуэгухэр

Президент грантхэм я Фондым иригъэкIуэкIа зэхьэзэ­хуэм къыщыхэжаныкIа «Те­кIуэ­ныгъэм и зекIуэ» псэкупсэ пэхуэщIэм (проектым) хэта щIалэгъуалэ гупыр иджыблагъэ Ингуш щIыналъэм щыIащ. НыбжьыщIэхэм зрагъэлъэгъуащ Кавказым и щхьэхуитыныгъэм папщIэ ­советыдзэр нэмыцэ зэры­п­хъуа­кIуэхэм щапэщIэта щIы­пIэхэр. 1942 - 1943 гъэхэм екIуэкIа зауэ гуащIэр Мэздэгу - Мэлгъэбэг стратегие операцэм щыщ зы Iыхьэт, Хэку зауэшхуэм и тхыдэмкIи мыхьэ­нэшхуэ зиIэт.

«Зэманым и гъуджэ»

А фIэщыгъэм щIэту иджыблагъэ дунейм къытехьащ тхакIуэ ныбжьыщIэхэм я IэдакъэщIэкIхэр щызэхуэхьэса тхылъ.

Адыгэлъыр кIуэдакъым

Ди хэкуэгъухэр Болгариеми щопсэу. Адыгэхэр зыхэс лъэпкъхэм тIэкIу-тIэкIуурэ яхошыпсыхьыж. Куэдым я анэдэлъхубзэр яIэщIэхужащ. Адыгэ унэцIэ зезыхьэу абыхэм яхэтыжыр мащIэщ, лъэпкъ хабзэм щыгъуазэу къэнэжаи щыIэкъым. Ауэ адыгэлъыр, адыгэ хьэл-щэныр кIуэдакъым. Болгарием ущрохьэлIэ Къардэнхэ, Думэнхэ, Думэныщхэ, Бэчхэ, Къулхэ, Шэрджэсхэ…

МащIэ къигъэщIами, куэдым хунэсат

Ди газетым хъыбар зэрытетащи, анэдэлъхубзэр хъумэным хуэунэтIауэ Къэбэрдей-Балъкъэр республикэм и Жылагъуэ палатэм иджыблагъэ зэIущIэ иригъэкIуэкIащ. Фигу къэдгъэкIыжынщи, мыбы пэублэу икIи убгъуауэ къыщыпсэлъащ егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ Министр Езауэ Анзор, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, зи лэжьыгъэр бзэм егъэщIылIа щIэныгъэлIхэр, егъэджакIуэхэр.

ГъащIэ купщIафIэ

Филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, къэбэрдей тхакIуэ, егъэджагъэшхуэ Къардэн Бубэ Мацыкъ и къуэр къызэралъхурэ мы махуэхэм илъэси I05-рэ ирокъу. 

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ