Жылагъуэ

IэнатIэр езыгъэфIакIуэ

Илъэс тIощIым щIигъуауэ адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэу мэлажьэ Къумахуэ Маринэ. Налшык къалэм дэт еплIанэ гимназием и цIэр фIыкIэ жезыгъэIэ Маринэ зыпэрыхьэ дэтхэнэ лэжьыгъэри гупсэхуу егъэзащIэ. ЕгъэджакIуэ нэхъыфIхэм папщIэ зэхаубла зэпеуэхэм бжьыпэр мызэ-мытIэу къыщыхуагъэфэщащ а цIыхубзым.

Фэеплъхэр зыхуей хуагъазэ

«Хэкум зи псэр щIэзытахэм я фэеплыр хъумэн» къэрал программэм хиубыдэу Бахъсэненкэм щызэрагъэпэщыж зауэм хэкIуэдахэм я кхъащхьэр.

Къуажэм и ут нэхъыщхьэр зыгъэбжьыфIэ а монументым и щытыкIэр зыхуэдэр Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкI IэщIагъэлIхэм къапщыта нэужь, трищIа щIыIухухэр трагъэкъэбзыкIри, щIэрыщIэу ялэжащ, и лъабжьэ къэтIэсхъар зэщIашхэжащ.

Куэд дэмыкIыу къагъэщIэрэщIэжынущ зауэм хэкIуэдахэм я цIэ-унэцIэхэр зытет мрамор гъэжар.

Лэжьыгъэхэр зэфIагъэкIа нэужь, фэеплъым и хъуреягъыр зэIузэпэщ ящIынущ.

ЛъагапIэхэм хуэкIуэ лъагъуэхэр

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу Урысейм ХудожествэхэмкIэ и Академиемрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и СурэтыщIхэм я Зэгухьэныгъэмрэ я жэрдэмкIэ къызэрагъэпэща зэхьэзэхуэм щытекIуахэмрэ къыщыхэжаныкIахэмрэ Лъэпкъ Музейм иджыблагъэ щагъэлъэпIэжащ.

Уафэгур и дунейт

Кхъухьлъатэзехуэ ахъырзэман, журналист цIэрыIуэ, тхакIуэ Iэзэ! Пэжщ, а псор зы цIыхум хэлът. Уафэрауэ къыщIэкIынут а псом и къежьапIэр! Ди лIыхъужьым уафэр и плъапIэт зэрыцIыкIурэ. Куэдрэ уафэм уиплъэмэ, къарурэ гупсысэ бзыгъэрэ къуиту къыщIэкIынущ. ЛIыгъэ хэлъу, акъылыфIэу, гурыхуэу, пэжым тету псыхьа хъуащ Ажий Исмэхьил.

УафэмкIэ куэдрэ плъэрт…

Дохутыр цIэрыIуэр Налшык щыIащ

Лышх узыфэр зыпкърыт сымаджэхэм къызэрагъэпэща «Здравствуй!» зэгухьэныгъэм и жэрдэмкIэ КъБР-м аллергологиемрэ иммунологиемкIэ и центрым кърагъэблагъэри, абы махуэ лэжьыгъэ щрихьэкIащ педиатр-иммунолог, медицинэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор Продеус Андрей.

Лъы ят

   Шэрэдж районым и полицэм и  лэжьакIуэхэр хэтащ лъы тын Iуэхум.  

 

2005 гъэм жэпуэгъуэм и 13-м  хэкIуэда я лэжьэгъухэмрэ республикэм   и цIыху мамырхэмрэ  я фэеплъым пщIэ хуащIу,   Урысей МВД-м Шэрэдж районымкIэ и къудамэм и   унафэщI  полицэм  и полковник Хапаев Далхат я  пашэу,  лъы ятащ.      

- Дэ ди къалэну къыдолъытэ   дэIэпыкъуэгъу псынщIэ хуэныкъуэ цIыхухэм защIэдгъэкъуэныр.  Лъы тыныр  мыхьэнэшхуэ зиIэ       Iуэхущи   ди фIэщ мэхъу  лъы ттар  сэбэп зэрыхъунур  цIыху гъащIэр къегъэлынымкIэ,-   къыхигъэщащ Хапаев Далхат. 

Ахъмэт и фэеплъ

Къэщкъэтау къуажэм щекIуэкIащ  2005 гъэм IэщэкIэ зэщIэузэда бзаджащIэхэр Налшык къалэм къыщытеуам хэкIуэда   Ульбашев Ахъмэт  и фэеплъыр мыкIуэдыжын щIыным теухуа зэIущIэ.  

 

Полицэм  и лейтенант нэхъыжь Ахъмэат щеджа школым къыщызэIуахащ  фэеплъ пхъэбгъу. А Iуэхум хэтащ  щIалэм къыдэлэжьахэр   и Iыхьлыхэмрэ благъэхэмрэ, школым и егъэджакIуэхэмрэ школакIуэхэмрэ,   район администрацэм и лIыкIуэхэр.

Мамырыгъэм зи гъащIэр щIэзытахэр ягу къагъэкIыж

Жэпуэгъуэм и 13-м Къэбэрдей-Балъкъэрым ягу къыщагъэкIыжащ хабзэхъумэ органхэм я лэжьакIуэхэу зи къалэн зыгъэзащIэу ди лъахэм мамырыгъэрэ зэгурыIуэныгъэрэ илъыным зи гъащIэр щIэзытахэр. Налшык щекIуэкIащ абы теухуа  фэеплъ пэкIу.

 

Сабийхэм щабэу йоIэзэ

Сабийхэм я псантхуэхэм еIэзэ Хъыдзэ Лаурэ куэдым яцIыху. И щIэныгъэм, Iэзагъым, гущIэгъум щыхьэт тохъуэ зи бын абы деж езышалIэ адэ-анэхэр. ЦIыкIухэм япыщIа дэтхэнэ IэщIагъэми нэхъыщхьэу хэлъыр сабий фIыуэ плъагъуныр. 

Пхъэхуейм ихъума щэху

Жыгейм сэбэпынагъыу иIэр,  псалъэ лей хуэмеижу, псоми ящIэ: къыпыкIэ мышхумпIэр мэз псэущхьэхэм я шхыныгъуэщ, уеблэмэ гъатхэм хуиту тригъэхьэу. КъищынэмыщIауэ, жыгейм и пхъафэр и хущхъуэшхуэщ щIыIэ, дзэл, лъынтхуэ узхэм.

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ