Календарь событий

05 ноября 2022

Бжыгъэр зи лъабжьэ Iуэхутхьэбзэхэм зрагъэужь

«Урысейм и Мэкъумэшбанкым» «Своё Жильё» интернет платформэм щригъэкIуэкIащ япэ ипотекэ зэгурыIуэныгъэхэр. Абы къыщагъэсэбэпащ Къэрал Iуэхутхьэбзэхэм хыхьэ «Госключ» гуэдзэным  и электроннэ IэщIэдзыр, сыт   и лъэныкъуэкIи нэхъ шына­гъуэншэ ящIар. Апхуэдэ ипотекэ зэгурыIуэныгъэ зэщIы­лIэкIэр къэралым япэу къы­щызэзыгъэпэщар «Урысейм и Мэкъумэшбанкырщ», Урысейм Бжыгъэхэр зи лъабжьэ зыужьыныгъэмкIэ, связым-рэ цIыхубэ коммуникацэ­хэмкIэ и министерствэр щIыгъуу.

Урысыбзэр хамэбзэ хьэмэ анэдэлъхубзэ?

ЦIыху куэд ­игъэпIейтеящ Уры­сы­бзэр джы­нымкIэ институ­тым и ректор Трухановская Наталье иджыблагъэ ищIа жэрдэмым. Урысейм и щIыналъэ щхьэ­хуэ­хэм урысыбзэр хамэ къэралыбзэ хуэдэу щрагъэ­дж­мэ, мынэхъыфIу пIэрэ, жеIэри щIо­уп­щIэ щIэныгъэрылажьэр. Абы и Iуэху еплъыкIэр къыщиIуэтащ жэпуэ­гъуэм и 20-м «Щэнхабзэ щIэинхэмрэ бзэ зэмылIэужьы­гъуэхэмрэ хъумэн» къыхуеджэныгъэм щIэту Къэрал Думэм Лъэпкъ IуэхухэмкIэ и комитетым щекIуэкIа стIол хъурейм.

Налшык къалэ Географие диктант щатхащ

ГеографиемкIэ VIII дунейпсо диктантыр иджыблагъэ щатхащ Къэбэрдей-Балъкъэ­рым. Республикэм Курортхэмрэ туризм ­хуэ­Iухуэ­щIэхэмкIэ и министерствэм ще­кIуэкIа а Iуэхугъуэм и жэрдэмщIакIуэ хъуащ Урысей  географие зэгухьэныгъэм ди щIыналъэм щиIэ «Альтаир» щIалэгъуалэ хасэр. Абы хэтащ ­КъБКъУ-м географиемкIэ и къуда­мэм и егъэджакIуэхэр, щIэныгъэлIхэр, студентхэр, курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэхэм щы­лажьэ егъэджакIуэхэр. Ап­хуэдэу Iуэхум къы­хыхьащ географиемкIэ ­ябгъэдэлъ щIэныгъэр здынэсыр къэ­­зып­щытэжыну хуейхэри.

Лъэпкъ узэщIакIуэ

УФ-м, КъБР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор Думэн Хьэсэн Мухътар и къуэр ди республикэм, лъэпкъ щIэныгъэм я зыужьыныгъэм, ехъулIэныгъэм хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIа еджагъэшхуэщ. Думэным и щIэныгъэ-къэ­хутэныгъэ зэфIэкIхэр инщ икIи купщIафIэщ. Абыхэм ягъуэтащ яхуэфащэ жылагъуэ, къэрал гулъытэ. Думэн Хьэсэн ­къыхуа­гъэфэщащ КъБР-м и Правительствэм, ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием и Президиумым къабгъэдэкI щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр, къыфIащащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэ­жьакIуэ» цIэр, КъБР-м и Къэрал саугъэтыр къратащ. 2003 гъэм Хьэсэн къы­хуагъэфэ­щащ «Урысей ­Федерацэм щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъагэр. Этнолог лъэщыр, тхыдэдж IэкIуэлъакIуэр, къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэр псэужамэ, мы махуэхэм илъэс 80 ирикъунут.