|
Календарь событий
15 ноября 2022
15 ноября, 2022 - 17:20
«Шагъдий вагъуэбэ» зыфIаща шу зекIуэхэм ящыщ зыт Адыгэ Республикэм 2018 гъэм накъыгъэм и 3-м къыщегъэжьауэ и 8-м нэсыху щекIуэкIар. Бысымхэм къищынэмыщIа, абы хэтащ адыгэхэр щыпсэу хэгъэгухэу Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Краснодар крайм икIа щIалэхэри.
15 ноября, 2022 - 15:09
Гъуэгум къыщыхъу автомобиль зэжьэхэуэхэм хэкIуэдахэр ягу къыщагъэкIыж дунейпсо махуэщ
Дзэм къулыкъу щищIэну ираджэм и урысейпсо махуэщ
Урысейм зэщIэгъэуIуауэ щалэжь щIэпхъаджагъэхэм ебэныным хуэгъэпса IэнатIэр къыщызэрагъэпэща махуэщ (I988 гъэм)
Палестинэм и лъэпкъ гуфIэгъуэщ - къэралыр къыщызэрагъэпэща (1988 гъэм) махуэр ягъэлъапIэ
Географие хъыбарегъащIэ системэхэм я махуэщ
1764 гъэм Урысейм ХудожествэхэмкIэ и академиер къызэрагъэпэщащ.
1912 гъэм лэжьэн щIидзащ IV Къэрал Думэм.
15 ноября, 2022 - 15:00
«Адыгэхэм я зауэлI щэнхабзэр къызэрежьамрэ зэрызиужьамрэ» - апхуэдэу зэбдзэкI хъуну къыщIэкIынщ урысыбзэкIэ «Генезис и эволюция традиционой военной культуры черкесов» тхылъым и фIэщыгъэр.
15 ноября, 2022 - 13:00
- Дыщеджэм, Коэльо Паулэ и «Алхимик» тхыгъэр зэпкърытхырти, Iущыгъэ зыхэлъ зы гупсысэ ди гум къигъэкIауэ щытащ хамэ къэрал литературэмкIэ дезыгъэджа Кучуковэ Зухра. Абы къыджиIат Алхимик и псэр куэдрэ дыщэм зэрылъыхъуар, ауэ икIэм-икIэжым и «гъуэгуанэр» и унэ къызэрекIуэлIэжар.
15 ноября, 2022 - 11:48
Авиамодельнэ спортым и тхыдэр ди республикэм етIощIанэ лIэщIыгъуэм икухэм къыщыщожьэ. ЩIалэ цIыкIу куэдыкIейм зыщагъэсащ техник ныбжьыщIэхэм я станцэмрэ пионерхэм я уардэунэмрэ. Абыхэм щызрагъэгъуэта щIэныгъэхэр куэдым сэбэп яхуэхъуащ IэщIагъэ къыхахынымкIэ е къызэрыкIуэ гъащIэм къыщагъэсэбэпащ.
15 ноября, 2022 - 11:47
Къыздэлажьэ щIалэм и стIолыщхьэм телът Котляровхэ Викторрэ Мариерэ къыдагъэкIа «Неповторимый Нальчик» тхылъыр. ТхьэмахуитI хуэдэ дэкIауэ, тхылъыр зэрытелъти, сыблэкI пэтрэ сыщIоупщIэ:
- Ухунэмысу арагъэнщ уеджэну?
- Тхылъым зэи, тIэуи седжащ, къытезгъэзэжурэ щIызопщытыкI, седжэхуи си нэр къысхутехыркъым.
15 ноября, 2022 - 10:00
Дунейпсо щIэныгъэлIхэм куэд щIауэ ирагъэкIуэкI цIыхум къыдекIуэкI шылэ Iуданэм теухуа къэхутэныгъэхэр. Данэпс IэлъэщI, щыгъыныгъуэ, Iупхъуэ-тепхъуэ… апхуэдэущ а пкъыгъуэ телъыджэр ди нэгу къызэрыщIагъэхьэр КъуэкIыпIэ Гъунэгъум хыхьэ къэралхэм я таурыхъ дызыщыгъуазэхэми. Iэмал имыIэу ар дахэу икIи лъапIэу щытын зэрыхуейри псоми ящIэ. АтIэ сыт къызыхэкIар, цыр, бжьэхуцыр, нэгъуэщI- къинэмыщIхэр къэнауэ, дунейпсо щIэныгъэлIхэм шылэм гулъытэ лей хуащIыныр?
15 ноября, 2022 - 09:00
Сэ щIыуэпсыр фIыуэ солъагъу, езыми сыкъелъагъу. Псалъэм папщIэ, гъавэ бэгъуакIэ сегъэгуфIэ.
2010 гъэм сэ Iэгъэбэгу къэзгъуэтащ, и хьэлъагъэр килограмми 3-рэ грамм 200-рэ хъууэ. Нэгъабэ къысхуэкIа къэбым килограмм 25-рэ грамм 700-рэ къишэчащ. Гъэ блэкIам си хадэм щIымахуэ бэлыджэ бэгъуа къыщесхьэлIэжащ. Абыхэм ящыщ зым килограммрэ грамм 800-рэ и хьэлъагъыу къыщIэкIащ. Бжьыхьэм губгъуэм къыщысщыпа дэшхуэм, псори зэхэту, килограмм 300 и хьэлъагъщ. Ауэ иджы къэсIуэтэнур нэгъуэщI хъыбарщ.
|