Календарь событий

01 ноября 2022

Топджэгур зи гъащIэхэр

(КъыкIэлъыкIуэр. ПэщIэдзэр жэпуэгъуэм и 27 къыдэкIыгъуэм тетщ.)

«Хапоэль»-м (Израиль) и гъуэр зыхъума Биджий Хьэсэнбий

Налшык и «Спартакым» и гъуащхьэтету 1983 гъэм джэгун иригъэжьащ икIи зэIущIэ 52-м абы и гъуэр ихъумащ Биджий Хьэсэнбий. ИлъэситI дэкIри, дзэм къулыкъу щищIэну здраджа Дон Iус Ростов и СКА-м хагъэхьащ.

Тамбий Пагуэ и дерсхэр

Лъэпкъ сабий литературэр къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ адыгэ сабий щэнгъасэм. Абы и мыхьэнэр фIыуэ къыгурыIуэу, ар егъэфIэкIуэн и лъэныкъуэкIэ и гуащIэрэ зэманрэ емыблэжу лъэпкъым лэжьыгъэ щхьэпэ хуищIащ узэщIакIуэ цIэрыIуэ Тамбий Пагуэ (1873 - 1928).

ЦIыхуфIым теухуа хъыбар зыбжанэ

Хэт щапхъэ зытепхынур? А упщIэм жэуап куэд ептыфынукъэ? ЦIыхуитI зыдэплъейр зэхуэдэкъым. Хьэл-щэн дахэкIэ дунейпсо цIыхубэм хэIуахэм  язщ Мубарэк и къуэ Абдулыхь. ЦIыху дахэм теухуа хъыбар зыбжанэ дигу къыдогъэкIыж.

Бажэм и бзаджагъэр

Пэжи пцIыи - сытми, зы мэзыжь гуэрым щызэхуозэ Мыщэр, КхъуэпIащэр, Дыгъужьыр, Бажэр. Зэхуозэ, щакIуэ пщыIэу зэгуохьэри, зы банэ Iув гуэр хэщIапIэ ящI, щакIуэу ирагъажьэ. КъащэкIур зэдашхыну зэгуроIуэ. Бажэр дзыгъуэ йощэ, Дыгъужьыр щыхьым йощакIуэ, КхъуэпIащэм мышхумпIэ къелъыхъуэ, Мыщэжьым мэракIуэ ешхри хэтщ. ЗикI, я Iуэхур хъуркъым.

БлэкIам ухуеплъэкIыжмэ…

Къуажэдэсхэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ ЩэнхабзэмкIэ унэм. Абы къыщызэрагъэпэщ зэхыхьэ гъэщIэгъуэнхэм, пшыхь дахэхэм цIыхур зэхегъэплъэж. А къалэным полъэщ илъэс 30-м щIигъуауэ щэнхабзэм и лэжьакIуэ, Болэтей жылэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм и унафэщI Пэщол Iэсият.

Бзум уэрэд жиIэу флъэгъуа?

Бзум и уэрэд зэхихащ хэти… Ауэ хэт илъэгъуа бзум уэрэд жиIэу?! Апхуэди щыIэщ. Бзу уэрэдыр дунейм яригъэлъэгъуащ сурэттех Катрин Свобода. 2019 гъэм Audubon photography awards зэпеуэм щытекIуащ абы триха сурэт телъыджэр.

ЩIэныгъэлIхэм къыхалъхьэ

Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и академием Сыбырым щиIэ къудамэм и Президиумым и зэхуэсым УЩIА-м и академик, Цитологиемрэ генетикэмкIэ и институтым и унафэщI Колчанов Николай къыщыхилъхьащ Нобель саугъэтым ещхь Тыгъэ хэха ди къэралым ейуэ къызэгъэпэщын зэрыхуейр.

Лышхыр цIыхум къыдалъху

Лышхыр XX-нэ лIэщIыгъуэм къыдэщIэрэщIа, ди щIыуэпсым и щытыкIэм къыхэкI узыфэу жаIэ.

Сыт-тIэ цIыхур къыхэзыгъэзыхь узыфэ шынагъуэр къызыхэкIыр, дауэ зыщытхъума зэрыхъунур, лышхым и хущхъуэу къыдагъэкIыр сэбэп хъурэ, хьэмэрэ ахъшэгъэкIуэд, сытхэр ди Iэмал? Ахэм топсэлъыхь медицинэ щIэныгъэхэм я кандидат, урысей онколог Попов Павел.

Журналистхэм я зэIущIэшхуэ

Урысейм и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и XIII зэIущIэр иджыблагъэ Мэзкуу щекIуэкIащ. Абы и лэжьыгъэм хэтащ щIыналъэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэу 326-рэ. ЗэIущIэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и лIыкIуэхэри.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2022 гъэм щIышылэм и 17-м къыдигъэкIа унафэ №2-ПП-м зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

2022 гъэм жэпуэгъуэм и 24-м             Налшык къалэ             №230-ПП

НОБЭ

ЩэкIуэгъуэм и 1, гъубж

♦Урысей Федерацэм и Суд Приставхэм я махуэщ

♦Урысейм менеджерым и махуэр щагъэлъапIэ

♦Белоруссием цIыхухэр къезышэкI и авиацэм и лэжьакIуэхэм я махуэщ

♦1520 гъэм Магеллан и псы дэжыпIэр зэрыщыIэр къахутащ.

♦1800 гъэм США-м и унафэщIхэм ящыщу япэу Адамс Джон Iэпхъуащ президентхэм я хэщIапIэщIэм.

♦1857 гъэм Урысейм япэ пощт маркыр къыщыдагъэкIащ.