Календарь событий

22 ноября 2022

Хуэдэр зырызщ

 Нобэ зи гугъу фхуэсщIыну щIалэщIэм IэщIагъэ гъэщIэгъуэн иIэщ. ГИТИС-м и «Сценографие» къудамэр къиухауэ ди республикэм исыр Жылэ Къантемыр и закъуэщ. СурэтыщI Iэзэ Жылэ Анатолэ и къуэ Къантемыри сурэтыщIщ, дуней еплъыкIэ, лъагъукIэ гъэщIэгъуэн, щIэщыгъуэ зиIэщ. Жылэм иджыблагъэ зыхуэдгъазэри и лэжьыгъэм, IуэхущIафэм теухуауэ депсэлъащи, къыджиIахэр ди гуапэу фи пащхьэ идолъхьэ.

Китайм къикIа хьэщIэ

 Журналист лэжьыгъэм цIыху гъэщIэгъуэн куэд къыуегъэцIыху. Къэралым зэхъуэкIыныгъэхэр щыщекIуэкI зэманым щыгъуэ къэсцIыхуа, хамэ къэрал щыщ зы цIыху гъэщIэгъуэнщ зи гугъу фхуэсщIынур. Ар Пекин къикIа, Мэзкуу къалэ къыщысцIыхуа, илъэс щэныкъуэ зи ныбжь, Китайм и зы еджапIэ нэхъыщхьэм урысыбзэм щыхуезыгъаджэ щIалэт. Лю Цзинь День - арат абы зэреджэр. АпхуэдизкIэ и теплъэкIи, и хьэл-щэнкIи, и зыхуэпэкIэкIи ар къызэрыгуэкIти, зэ еплъыгъуэкIэ фIэщ щIыгъуейт абы щIэныгъэшхуэ бгъэдэлъу, тэрмэшу лажьэу, студентхэр институтым щригъаджэу. Абы и щэхур къэфщIэнщ мы тхыгъэм фыкъеджэмэ.

Иужьрей зэIущIэхэм уриплъэжмэ

Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым 2022-2023 гъэ джэгугъуэм хиубыдэу мы илъэсым иригъэкIуэкIын хуея зэIущIэхэр зэфIэкIащ. Ди тхыгъэм кIэщIу къыщызэщIэткъуэжынщ жэпуэгъуэмрэ щэкIуэгъуэмрэ «Спартак-Налшыкым» зэрыджэгуар.

БлэкIамрэ нобэмрэ зэпащIэу

КъБР-м и архив IуэхущIапIэм къыдигъэкIащ дэфтэрхэр щызэхуэхьэса «Документы свидетельствуют» тхылъ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэрырикъум хуагъэпсар.
КъыдэкIыгъуэм и напэкIуэцIхэм щызэхуэхьэсащ иужьрей илъэси 100-м къызэщIиубыдэ тхыдэ гъуэгуанэр зыхуэдамрэ цIыхубэм я гуащIэмрэ.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Адмиистрацэм къэрал кIуэцI политикэмрэ щIыIэ унафэр зегъэкIуэным пыщIа IуэхухэмкIэ и управленэм теухуа Положенэр къэщтэным теухуауэ
1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Администрацэм къэрал кIуэцI политикэмрэ щIыпIэ унафэр зегъэкIуэнымкIэ и управленэм теухуа Положенэр къэщтэн мы Указым и гуэдзэным зэритым хуэдэу.
2. Къару ямыIэжу къэлъытэн:

Зауэм и тхьэ

 ЩэкIуэгъуэм и 19-р Урысейм и ракетэдзэхэмрэ артиллериемрэ я махуэщ
Урысейм и Ракетэдзэхэмрэ артиллериемрэ я махуэр хухэхащ къэралым и шынагъуэншагъэмрэ зыхъумэжыныгъэмрэ хъумэным ехьэлIауэ къулыкъу зыщIэхэр гъэлъэпIэным абыхэм я пщIэр Iэтыным. А махуэм и къежьапIэм дэ къытхутепсэлъыхьауэ щытащ артиллерист-зенитчик Пщыбий СулътIан.
Махуэ лъапIэр щэкIуэгъуэм и 19-м щIытраухуам щхьэусыгъуэ хэха иIэщ. 1942 гъэм и апхуэдэ махуэращ Дзэ Плъыжьым фашистхэм я ебгъэрыкIуэныгъэм къыщыщIидзауэ щытар.

НОБЭ

Къуэхэм я дунейпсо махуэщ
Урысейм щагъэлъапIэ Психологхэм я махуэр
1933 гъэм
къалъхуащ Мэкъумэш щIэныгъэхэм я доктор, профессор, РАЕН-м и академик, КъБР-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Уэлджыр Мушэхьид.
1940 гъэм къалъхуащ Физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор, ЩIДАА-м и академик, КъБР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэрал саугъэтыр зрата Шыбзыхъуэ Азэмэт.

ЩIы Хъурейм и саугъэт нэхъыщхьэр Катар щаIэтынущ

ЩэкIуэгъуэм и 20-м Катарым къыщызэIуахащ футболымкIэ дунейпсо чемпионатыр. Дыгъэгъазэм и I8 пщIондэ екIуэкIыну зэхьэзэхуэм и саугъэт нэхъыщхьэм – дыщэ кубокым – щIэбэнынущ дуней псом щынэхъ лъэщ командэ 32-рэ. ИлъэсиплIым зэ къызэрагъэпэщ дунейпсо зэхьэзэхуэр, тхыдэм зэи къыщымыхъуауэ, КъуэкIыпIэ Гъунэгъум мы гъэм щекIуэкIынущ. 2026 гъэм Америкэм и Штат Зэгуэтхэм, Мексикэм, Канадэм щекIуэкIынум саугъэт нэхъыщхьэм щыщIэбэнынухэм я бжыгъэр командэ 48-м хуагъэкIуэнущ.