Календарь событий

19 ноября 2022

ЩытыкIэ гугъум къихутахэр

ЩэкIуэгъуэм и 15-м ди республикэм къэкIуащ IэмалыншагъэкIэ Херсон областым къикIын хуей хъуа гуп. Ахэр къыщрагъэблэгъащ «Нал­шык» гъущI гъуэгу вокзалым.
 
ЦIыху 548-рэ хъу гупыр щIагъэтIысхьащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и санато­рэ-курорт комплексым хыхьэхэу 5-м. КъэкIуахэм яхэтщ сабийхэри  зи ныбжь хэкIуэтахэри.

ЗэдэлэжьэкIэр яубзыху

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек IущIащ «Россети Северный Кавказ» IуэхущIапIэм и унафэщI Левченкэ Роман.

Дызэкъуэтщ!

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ къыхилъхьэри, республикэм законхэр къыдэзыгъэкI и орган нэхъыщхьэм и депутатхэм къызэрагъэпэщащ мобилизацэм ипкъ иткIэ дашахэм папщIэ гуманитар дэIэпыкъуныгъэ. Абы хохьэ щыгъын щIыIутелъ, щIагъщIэлъ хуабэхэр, нэ­гъуэщI хьэпшыпхэр хуабэ­хэр. ЩIымахуэ зэманыр къы­зэрыблэ­гъам тещIыхьауэ пар­ла­ментархэм ­къащэхуа хьэп­шып­хэр Къэ­бэрдей-Балъ­къэ­рым щыщу дзэ къулыкъур зыгъэзащIэ­хэм хурагъашэ.

КъБР-м и Росреестрым и унафэщIыр и IэнатIэм пэроувэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек IущIащ КИФЩI-м РосреестрымкIэ и управленэм и унафэщI Песков Вячеслав. 

Нэхъ хуэныкъуэхэм ират

КъБР-м и Iэтащхьэм и унафэкIэ, щIыналъэ ­бюджетым къыхэкI ахъшэкIэ къащэхуа транспортыщIэхэр дыгъуасэ иратащ республикэм Узыншагъэр хъумэнымкIэ, Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэхэм епха IуэхущIапIэхэм.
 
Автобусхэр къыщагъэсэбэпынущ Булунгу, ­Хъущтэ-Сырт, Шэджэм Ищхъэрэ, Балъкъэр Ипщэ, Джэрпэджэж, Безенги къуажэхэм.

КъулыкъущIэхэм пщэрылъ щащI

КъБР-м ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм иубзыхунущ щIыналъэ щIалэгъуалэм заужьынымкIэ прог­раммэщIэ. 

ЩIыналъэ бюджетым хоплъэ

КъБР-м и Парламентым иджыблагъэ щедэIуащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и бюджетыр 2023 гъэм, 2024 - 2025 гъэхэм ятещIыхьауэ», ­«КъБР-м ФIэкIыпIэ зимыIэ медицинэ страхованэмкIэ и щIыналъэ фондым и бюджетыр 2023 гъэм, 2024 - 2025 гъэхэм ятещIыхьауэ» проектхэм.

Къалащхьэм и уэрамхэмрэ зыгъэпсэхупIэхэмрэ ирагъэфIакIуэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым лэжьыгъэшхуэ щокIуэкI цIыхухэм я зэхуэсыпIэу, зыгъэ­псэхупIэу щыт щIыпIэхэр зэIузэпэщ щIыным хуэу­нэтIауэ.

Хабзэр гъэбыдэнымкIэ къалэнхэм хоплъэ

КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ республикэм Хабзэр щыхъумэнымкIэ зэзыгъэуIу зэхуэсымрэ КъБР-м Экономикэ, жылагъуэ шынагъуэншагъэмкIэ и советымрэ зэщIыгъуу къызэрагъэпэща зэIущIэр. Ар къыщызэIуихым республикэм и унафэщIым жиIащ: «Коррупцэм пэщIэтыныр къэрал властым и органхэмрэ хабзэхъумэ органхэмрэ зэпымыууэ зэгугъупхъэ къалэнщ. Коррупцэр нэгъэсауэ зэи зы щIыпIи щагъэкIуэдыфакъым, ауэ абы ткIийуэ зэрыбгъэдыхьэпхъэр, ар икъукIэ ди псэукIэм зэран къызэрыхуэхъур къызыгурымыIуэ къэ­гъуэтыгъуейщ.

Псори и чэзум нэдгъэсынущ

КIуэкIуэ Казбек:

КъБР-м и Iэтащхьэр хэтащ щIыналъэм ­зегъэужьынымкIэ Правительствэм и комиссэм и штабым и зэIущIэм. 

Дызэрыгушхуэ щIалэгъуалэ

Ди къэралым и еджапIэ нэ­хъыщ­хьэ цIэрыIуэхэм хабжэ УФ-м Хамэ къэрал IуэхухэмкIэ и министерствэм и нэIэм щIэту лажьэ МГИМО-р - Къэрал зэхуаку зэхущыты­кIэ­хэмкIэ институту (университету) Москва дэтыр. Къы­зэрызэIуахрэ илъэс 80-м нэса еджапIэр институтищрэ фа­культетипщIу зэхэтщ. Абыхэм щоджэ студент мини 10-м ­щIигъу. Ди гуапэ зэрыхъу-        щи, МГИМО-м щIэныгъэ нэхъыщ­хьэ щызэрагъэгъуэт Къэбэрдей-Балъкъэ­рым щыщ цIыху 30-м щIигъум, ас­пирантхэри яхэту. Абыхэм иджыблагъэ яхуэзащ ди республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.

Муниципалитетхэр я зэфIэкIхэм еблэжыркъым

Муниципалитетхэм я лэжьыгъэм щыхэплъэ зи чэзу зэIущIэр иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. Абы хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI ­Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, КъБР-м щIалэгъуа­лэм я IуэхухэмкIэ и министр Лу Азэмэт, муниципальнэ районхэмрэ къалэ округхэмрэ я Iэтащхьэхэр.