Календарь событий

25 ноября 2022

Пащтыхь гуащэр къыдихьэхат

ГъащIэм цIыху куэд ирегъэувэ щытыкIэ хьэлъэхэм. Псом хуэмыдэу зауэхэр щекIуэкIкIэ. Языныкъуэхэм деж ухэкIуэдэным иIэжыр зы мэскъалщ. Псэужамэ, абы щыхьэт техъуэфынут зи гугъу ныфхуэтщIыну Рудаков Олимпий. 

ЩIалэгъуалэр зэхуашэс

Куба къуажэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм щекIуэкIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ жылагъуэхэм я щIалэгъуалэ зэIущIэ. Ар Къэбэрдей-Балъкъэрым ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ и министерствэм къызэригъэпэщат къуажэдэс щIалэгъуалэр нобэ зыгъэпIейтейм зыщигъэгъуэзэн мурадкIэ. 
Район администрацэм и унафэщI Балъкъыз Артур тепсэлъыхьащ щIыналъэм и къэкIуэнури и зыужьыныгъэри къыдэкIуэтей щIэблэм сыткIи зэрелъытам икIи щIалэгъуалэ-жылагъуэ Iуэху купщIафIэхэр гъэзэщIэныр район администрацэм и къалэн нэхъыщхьэхэм зэращыщым.

ЛэжьакIуэ нэхъыфIхэр ягъэпажэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру щыIэ, полицэм и генерал-лейтенант Павлов Василий ехъуэхъуащ дамыгъэ лъапIэхэр зыхуагъэфэща я лэжьакIуэхэм. 

Дзэ-Куржы гъуэгу цIэрыIуэмкIэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и тафэ лъэныкъуэмкIэ уикIыу ищхъэрэкIэ ущыхуэплъэкIэ, къуршыщхьэхэм кIэраупсея пкIэлъей абрагъуэм и теувапIэхэм ещхьу, зыр адрейм елъэгэкIыу къэлъагъуэ Мэзылъэ, ХъупIэ, Къырылъэ, Гуэдзэн шытххэр, адрей хэгъэгухэм яхуэмыдэу, Осетие Ищхъэрэм и щIыналъэм гъунэгъу щызэхуохъу, абы къыдэкIуэуи, тыншу щызэхыбоцIыхукI. 

Гурэ псэкIэ

Щхьэлыкъуэ къуажэм дэт школ №1-м къегъэщIылIа сабий садым илъэс куэд хъуауэ и унафэщIщ Иуан Агнессэ. Сабийм и деж щыпхь жэуапым нэхъ ин щыIэкъым. Иуан Агнессэ апхуэдэ жэуаплыныгъэм пэлъэщ къудей мыхъуу, зыпэрыт IэнатIэм гукъыдэжи къыхех. 
И сабиигъуэм дохутыр IэщIагъэм ехъуапсэу щытащ. Класс нэхъыжьхэм нэса нэужь математикэмкIэ и егъэджакIуэр щапхъэ хуэхъури, абы хуеджэну триухуауэ щытащ. Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щыхуеджащ физикэм. 

Сакъын зэрыхуейр ягу къагъэкIыж

Къэбэрдей-Балъкъэрым и школакIуэхэр хэтащ Сабийм и дунейпсо махуэм ирихьэлIэу къызэрагъэпэща «Береги нас, водитель!» акцэм. НыбжьыщIэхэр плакатхэр яIыгъыу ирикIуащ шынагъуэншагъэм ехьэлIа хабзэхэм псори щытет гъуэгум. 

Ажэжьбэкъу бгыжь дыкъуакъуэ

Бабыгу (Бабук) цIэр зэрехьэ КъухьэпIэ Кавказым щежэх псы нэхъ инхэм хабжэ Щхьэгуащэрэ Лабэ ЦIыкIурэ я псы къуэпсхэр зэхэзыгуэшыкI джабащхьэ екIуэкIым. Шытхыщхьэр ТхьэщIы (Тхач) бгым и ижьырабгъу лъэныкъуэмкIэ щыIэщ. 

СурэтыщI гъуазджэм и IэпщIэлъапщIэ

Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм щIыхь зиIэ и художник, УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэт, КъШР-м и Iэтащхьэм и деж щылажьэ Жылагъуэ палатэм хэт адыгэ сурэтыщI цIэрыIуэ Хьэгъундокъуэ Мухьэмэд Рэмэзан и къуэр къызэралъхурэ мы махуэхэм илъэс 70 ирокъу. 

Псалъэр къыщобэкIым деж

«Адыгэ псалъэ» газетыр унагъуэкIэ къыщытIэрымыхьэу щыщыта далэ си гъащIэм хэтауэ къысхуэщIэжыркъым. АдыгэбзэкIэ дунейм къытехьэ газет закъуэм сыт къытемыхуэми, ди нэхъыжьхэм гъэщIэгъуэн къащыхъурт, ирипсалъэрт, иридауэрт, уеблэмэ хьэблэр зэхуэсу щытепсэлъыхь Iэджэрэ къыхэкIырт.

Блым язщ

Жызумей хадэхэр къыщагъэщIэрэщIэжын хуейуэ Урысей Правительствэм къигъэлъэгъуахэм яхэхуащ ди республикэр. ЩIыналъэхэр 7 мэхъу: Кърымыр, Ростов областыр, Ставрополь краир, Кубань щIыналъэр, Осетие Ищхъэрэ - Аланиер, Дагъыстэныр, Къэбэрдей-Балъкъэрыр (Тэрч и Iуфэ удзыпцIэхэр).
ЖызумщIапIэхэм я гъунапкъэхэр хабзэм тету ягъэбелджылащ. Урысей Правительствэм игъэуващ, шагъырым елэжьыну IуэхущIапIэхэм ди къэралым къыщагъэкIа жызумхэм фIэкIа нэгъуэщI къэралыгъуэхэм ар кърашыну хуимыту, арыншамэ абы къыхащIыкIыр ди къэралым ейуэ къилъытэнукъым икIи абыкIэ хилъэфэнур а хабзэм ебакъуэхэрщ.

Лэжьыгъэм пащэ

Налшык и лъэс зекIуапIэхэр зыхуей хуэгъэзэным ехьэлIа лэжьыгъэхэм пащэ.
Къалэкум хуэзэ лъэс зекIуапIэхэр къызэрагъэщIэрэщIэжам щыхьэрыр нэхъри игъэдэхащ. Илъэс куэдкIэ телъа асфальт телэжьыкIар щIыпIэ куэдым щIэкIэ щахъуэжащ е плиткэ быдэ екIухэмкIэ щызэрахъуэкIащ, лъэс зекIуапIэхэм я бгъуагъым къыхагъэхъуащ, автобус къэувыIэпIэщIэхэр ягъэуващ. Адрей къэнахэри икIэм зэрынагъэсыным хэтщ.

НОБЭ

ЦIыхубзхэм залымыгъэ якIэлъызехьэным пэщIэтыным и дунейпсо махуэщ. ООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэм 1999 гъэм дыгъэгъазэм и 17-м къищта унафэмкIэ ягъэуващ ар.
Урысейм и мамырщIэкъу дзэхэм я махуэщ
1339 гъэм Москва Кремлым жыгейм къыхэщIыкIа и блынхэр зэтелъхьэн щIадзащ.
1735 гъэм ягъэжащ Пащтыхь-тхьэгъушыр.
1935 гъэм СССР-м щагъэуващ «ЩIыхьым и Дамыгъэ» орденыр.

Залымт, къузгъунт, къимыкIуэтт

 Мы гъэм Урысейм щагъэлъэпIащ и япэ иператор Петр Езанэр къызэралъхурэ илъэс 350-рэ зэрырикъур. Инщ а пащтыхьым къигъэна лъэужьыр - ар зы тхыгъэкIи тхыгъитIкIи къыпхуэIуэтэнутэкъым. Псом япэу къыхэгъэщыпхъэщ абы и унафэм щыщIэтам къэралым хуабжьу зыкъызэриIэтар. А зэманым Европэм щынэхъ лъэщ Швецием текIуэри, Урысейм дуней псор къыфIэлIыкI хъуащ.