Календарь событий

03 марта 2023

Лъагъуныгъэм и хьэтыркIэ

Украинэм и хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм сыт хуэдэ Iэмалри къагъэсэбэп Урысейр ягъэулъиин, мыхьэнэншэу къыщIрагъэдзын папщIэ. Дауи, я Iэщэ нэхъыщхьэр пцIыщ. Ар егугъуу еукъуэдий.
Псалъэм и хьэтыркIэ, куэд щIакъым Киев урысей зауэлIхэм ящыгъ вакъэхэр 1945 гъэм ядауэ щыта шырыкъухэрауэ зэригъэIурэ. «АпщIондэхукIэ гъэтIылъыпIэхэм щIэлъащ. Иджы нэгъуэщI щамыгъуэтым къащтэжащ. Абы къикIыркъэ ахэр зэрыхуэмыщIа»р. Ар яфIэфIыпсу даIыгъ ди жагъуэгъухэм.
Мыбдеж зыми и гугъу щищIыркъым, «45» бжыгъэм къигъэлъагъуэр вакъэм и инагъыр зэрыарар. Ар хъунукъым - итIанэ пцIыр къыщIэщынущ…

Каспийск щекIуэкIыну зэхьэзэхуэм хэтынущ

Алыдж-урым бэнэкIэ
 

Фэеплъхэм я нэIэ тетщ

ЩIыналъэм щыпащэ Хэку зауэшхуэм и илъэсхэм хэкIуэда совет сэлэтхэмрэ офицерхэмрэ я фэеплъыр хъумэным хуэгъэза «На страже памяти» акцэм. 

ЦIыхубзхэм я махуэр къызэрежьар

Гъатхэпэм и 8-р къызэрысу, гъатхэм и махуэшхуэ нэхъ лъапIэ дыдэу къалъытэ «Бзылъхугъэхэм я махуэр» къоблагъэ. Анэхэм, щхьэгъусэхэм, шыпхъухэм, пхъухэм гулъытэ нэхъ лей щыхуащI мы махуэм и тхыдэм уриплъэжынуи гъэщIэгъуэнщ. 

ФIэщхъуныгъэр яфIэмыкIуэду

Мы гъатхэм илъэс 79-рэ ирокъу балъкъэр лъэпкъым политикэ щхьэусыгъуэкIэ я хэкур зэрырагъэбгынэрэ. 1944 гъэм гъатхэпэм и 8-м балъкъэрхэр я щIыналъэм залымыгъэкIэ ирахуауэ щытащ. СССР-м ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и къэрал комитетым ищIа унафэм ипкъ иткIэ, Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ цIыхубэ комиссариатым а лъэпкъым ящыщ цIыху 37 713-рэ махуитIым къриубыдэу ирашат ди республикэм. Ахэр Курыт Азиемрэ Къэзахъстанымрэ я щIыпIи 120-м хагуэшат. 

ЩIыуэпсыр тхъумэну ди къалэнщ

Налшык къалэр Урысейм и щIыпIэ нэхъ дахэ дыдэхэм ящыщу къалъытэ. 

Нэфисэт гуащэ

Тхыдэм къыхэнащ адыгэ бзылъхугъэ куэдым я гъащIэм и къекIуэкIыкIар. Абыхэм ящыщ зым теухуа хъыбар гъэщIэгъуэн итхыжащ Къалмыкъ Аднан. 

ЦIыхубз гуащIафIэхэр

Архив дэфтэрхэм къыхэна тхыгъэхэм къыхэнащ 1900 гъэм къыщыщIэдзауэ 1960 гъэ пщIондэ республикэм и цIыхубзхэр Iуэхугъуэ куэдым жыджэру зэрыхэтар. А лъэхъэнэхэм мэкъумэшым, промышленностым, щIэныгъэм, щэнхабзэм, нэгъуэщI IэнатIэхэми бзылъхугъэхэм лэжьыгъэ мытыншхэр щызэфIагъэкIырт.

Iуащхьэмахуэ лъапэ зыщагъэпсэху

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Курортхэмрэ туризмэмкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, мазаем и 23-26 махуэхэм Iуащхьэмахуэ лъапэ зыщагъэпсэхуащ цIыху мин 28-м нэс. 

НОБЭ

Гъатхэпэм и 3, мэрем