Календарь событий

27 марта 2023

ПщIэ зыхуэтщI ныбжьэгъухэ!

Фи IэщIагъэм епха махуэшхуэмкIэ – Урысей Федерацэм и Лъэпкъ гвардием и дзэхэм я махуэмкIэ сынывохъуэхъу.

ЩIым и сыхьэт

ЦIыхуIэ зылъэмыIэса щIыуэпсым и дунейпсо фондым (World Wildlife Fund - WWF) кърихьэжьа, къэрал куэдым зэдащта «ЩIым и сыхьэт» Iуэхугъуэм, нэгъуэщI теплъэ иIэу, Къэбэрдей-Балъкъэрыр мы гъэми хэтащ. Дызэрыт илъэсым ар гъатхэпэм и 25-м техуащ.

Франджым и Гуащэ Елмэсхъан

Франджым и ЛIыхъужь, къэбэрдеипхъу Хьэгъундокъуэ Елмэсхъан къызэралъхурэ мазаем и 2-м илъэси 125-рэ ирикъуащ. Абы ирихьэлIэу фи пащхьэ идолъхьэ кинорежиссер цIэрыIуэ Вэрокъуэ Владимир Франджым къикIыжа нэужь итхыжа гукъэкIыжхэм ящыщ зы пычыгъуэ. 
«…Елмэсхъан и кхъэлэгъунэм деж сыздэщытым сигу къокIыж зыгуэрым и псалъэ Iущхэр: «ГъащIэм къуита фIыгъуэ псом ящыщу нэхъ лъапIэр уи цIэр фIыкIэ дунейм къытебнэнырщ, насыпыншэщ ар зыхузэфIэмыкIыр». Мрамор мывэ пхъэбгъум, франджыбзэм щIыгъуу, урысыбзэкIэ тетхащ: «Хьэгъундокъуэ Константин ипхъу Гали – 6.02.1898 - 21.01.1985 гъ.гъ.».

НОБЭ

Гъатхэпэм и 27, блыщхьэ

Театрым и дунейпсо махуэщ
Урысейм и МВД-м и къэрал кIуэцIыдзэхэм я махуэщ
1917 гъэм
Налшык ГъэзэщIакIуэ комитет къыщызэрагъэпэщащ.
1925 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ Балъкъэр Фоусэт.
1953 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ, республикэм и Парламентым и депутату щыта Тыкъуэ Зое.

Дунейм и щытыкIэнур

Адыгэ щIалэм и текIуэныгъэхэр

ЩӀэблэм гъэсэныгъэ дахэ яхэлъу, щӀэныгъэфӀ яӀэу къэхъуным зи гуащIэ езыхьэлIэм ар къэзылъхуами къызыхэкIа лъэпкъми Iуэхутхьэбзэшхуэ яхуещIэ. 

Гукъыдэжыр къэзыIэтхэр

Гъатхэпэм и 25-р Урысейм и щэнхабзэм и лэжьакIуэм и махуэщ

Едыдж Нихьаи: «Насып диIэти, ди Хэкур Алыхьым дигъэлъагъужащ»

Лъэпкъыр, Хэкур бгъэлъэпIэным и мыхьэнэр нэсу къыщыбгурыIуэр абы пэIэщIэ ухуэхъумэщ е лей гуэр къыщыптехьэрщ. Ар ебгъэщхь хъуну къыщIэкIынщ псым хуэтщI пщIэм. Мы дунейм нэхъ лъапIэ дыдэу, арыншэу дымыпсэуфыну щытми, цIыхур мащIэрэщ зэрегупсысыр псым иIэ мыхьэнэм, ар пэрыхьэту диIэн хуей гуэру къэтлъытэу.

Унэм и лъабжьэр быдэмэ…

Зи лэжьыгъэм пщIэ хуэзыщIыж цIыхум псэ къулей иIэщ, и гукъыдэжыр мыкIуэщIщ. Нобэ зи гугъу фхуэтщIыну бзылъхугъэм апхуэдэ бгъэдыхьэкIэщ и лэжьыгъэм хуиIэри, щытхъу куэд къилэжьащ, и зэхэщIыкIри гъунапкъэншэщ. Ар Тэрч куейм хыхьэ Дей къуажэм къыщалъхуа, егъэджакIуэ Iэзэ Токъу Сарэщ. Ар зэрыцIыкIурэ зыщIэхъуэпсу щыта IэщIагъэр зригъэгъуэтри, илъэс 43-кIэ и къару псор лэжьыгъэм етауэ къэгъуэгурыкIуащ.

Гуапагъэм и бзэм бзагуэхэри иропсалъэ, ар дэгухэми зэхах

Iуэтэж

Пэш куэду зэхэт ди унэм и етIуанэ къатым нанэ Любэ щыпсэурт. Илъэс 97-рэ хъуат зымахуэ. Нанэ гуапэ дыдэт, дапщэщ урихьэлIэми гуфIэжрэ, и сэламыр япэ иту.

Лъынтхуэхэм я лэжьэкIэр

Iэпкълъэпкъым апхуэдизкIэ лъынтхуэ куэд хэлъщи, ахэр псори зэпыпщIэрэ къыупщатэмэ, и кIыхьагъыр километр 96500-рэ ирикъунут. 

Фи узыншагъэм фыкIэлъыплъыжмэ...

Фошыгъу диабетыр дунейпсо медицинэр зыIууэ узыфэ нэхъ гугъухэм икIи хьэлъэхэм хабжэ. Узыфэм и нэщэнэхэм, абы зэрызыщыпхъумэным, ар къоуэлIамэ, узэрызыкIэлъыплъыжыным теухуауэ упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэдгъэзащ Налшык дэт Поликлиникэ нэхъыщхьэм терапевту икIи эндокринологыу щылажьэ Балъкъэр Дахэнагъуэ. 

ЦIыхуитIым зыкъыхуагъэзащ

Налшык къалэ и прокурорым и къуэдзэ Бетрожь Аслъэн гъатхэпэм и 21-м цIыхухэм щаIущIащ Кэнжэ администрацэм и унэм.

КъекIуэлIаитIым зыкъыхуагъэзат щIы Iыхьэрезыхэм  зэрейр ирагъэтхыным икIи бгъэIэпхъуэ мыхъу объектыр зыми и мылъкуу зэрыщымытыр къалъытэным ехьэлIауэ. 
А Iуэхухэм хэплъэну пщэрылъ ящищIащ ар зи къалэн къалэ прокуратурэм и лэжьакIуэхэм икIи езым и нэIэ тетынущ. 

 

Шэджэм щыщ уэрэдус

Апхуэдэут зэрызэджэжыр балъкъэр лъэпкъым, ди республикэм, къэралым я усакIуэ щэджащэ Кулиев Къайсын. Ар къыщалъхуат Шэджэм аузым – ди щIыналъэр зыгъэдахэ щIыпIэхэм ящыщ зым. Къайсын и дежкIэ и унэр, къыщалъхуа щIыпIэр нэхъыжьхэм я щIэин къудейтэкъым, атIэ и гъащIэм, творчествэм къыпызыщэ лъапIэныгъэт. Хэт абы хуэдэу къэзыIуэтэфар щIыналъэм и беягъымрэ абы щыпсэу бгырысхэм я уардагъымрэ? Хэт къэзыгъэлъэгъуэфар и лъэпкъым хэлъа бэшэчыгъэр, быдагъэр, къарур?