Календарь событий

11 марта 2023

ЗауэлIхэм я Iыхьлыхэр ягъэгушхуэ

Псыгуэнсу къуажэм щыщу дзэм ираджэжауэ Украинэм ще­кIуэкI Iуэху хэхахэм хэт щIалэ­хэм я адэ-анэхэмрэ я щхьэгъу­сэхэмрэ папщIэ зэхыхьэ гуапэ иджыблагъэ ирагъэкIуэкIащ. Ахэр гулъытэкIэ, ахъшэкIэ гъэгушхуэныр зи жэрдэмыр а жы­лэм щыщ Хьэсанэ Русланщ. Псы­гуэнсудэс щIалэ 19 иджыпсту Украинэм щыIэщ. 

Гъунэгъу щIыналъэм къраша лэжьыгъэхэр

Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ Сурэ­тыщI гъуазджэхэмкIэ музейм щагъэлъа­гъуэ КъШР-м и цIыхубэ художник, УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэт, лъэпкъ, дунейпсо саугъэтхэм я лауреат, Столыпиным и саугъэтыр зыхуагъэфэща, щIэ­ныгъэмрэ гъуазджэмкIэ Петровскэ Академием хэт скульптор Хабичев Магомед и лэжьыгъэ щэ бжыгъэхэр. Выставкэр къы­зэрагъэпэщащ сурэтыщIыр илъэс 70 зэ­рырикъум и щIыхькIэ. 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

Нэхъыжьхэм ядэIэпыкъуным хуэгъэза республикэпсо щэбэт щIыхьэху егъэкIуэкIыным и IуэхукIэ
 
2023 гъэм         гъатхэпэм и 3-м         Налшык къалэ         №34-ПП
 
1941 - 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм ныкъуэдыкъуэ ­щыхъуахэм, абы хэтахэм, апхуэдэу хэкIуэда зауэлIхэм я щхьэ­гъусэхэм социальнэ дэIэпыкъуныгъэ зэрыратыр егъэфIэкIуэн икIи абыхэм адэкIи защIэгъэкъуэн мурадкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:

Къэралым и Iэтащхьэм къызэригъэувам тету

Республикэм законхэр къыдэзыгъэкI и орган нэхъыщхьэм и унафэщI Егоровэ Татьянэ иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ КъБР-м и Пар­ламентым и президиумым и зи чэзу зэIущIэр. Депутатхэр абы щыхэплъащ Iуэху зэмылIэу­жьыгъуэу тIощIым нэблагъэм. 

ЗэхъуэкIыныгъэхэр халъхьэ

КъБР-м и Правительствэм и Уна­фэщI Мусуков Алий иригъэкIуэкIащ Iуэхугъуэ зэхуэмыдэхэм щытепсэ­лъыхьа зэIущIэ. 

Хабзэр хъумэнымрэ шынагъуэншагъэмрэ япэ ирагъэщ

Къэбэрдей-Балъкъэр Рес­публикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэ­кIуэ­кIащ КъБР-м Хабзэм къе­мызэгъхэр къэмыгъэ­хъу­нымкIэ зэпымыууэ ла­жьэ зэзыгъэуIу зэхыхьэмрэ республикэм Экономикэ, жылагъуэ шынагъуэнша­гъэм­кIэ и советымрэ я зэIущIэ.