|
Календарь событий
24 марта 2023
24 марта, 2023 - 19:42
Урысейм Украинэм щригъэкIуэкI дзэ Iуэху хэхам куэд къетIэщIыж. Тхыдэм уриплъэжмэ, уигу къэбгъэкIыжыни зэбгъэпщэни мащIэкъым. Щхьэхуэ зищIыным хущIэкъуурэ, языныкъуэхэм деж ар хьэзырт хэт и жыIэми щIэувэну. Ауэ ар щхьэхуитыныгъэт?!
1917 гъэм и бжьыхьэм къэунэхуащ «Украинэ цIыхубэ республикэр». Ауэ иджыпсту абы нэхъыбэу щыгъуазэр тхыдэджхрэщ. КъэралыщIэм герби, ныпи, гимни иIэжт -зигъэIейтэкъым.
24 марта, 2023 - 18:00
«Ассамблея народов Евразии» мыправительственнэ IуэхущIапIэхэм я Международнэ зэгухьэныгъэм хэт, «Серебряный ЛиффТ», Писатели России. Молодые голоса» международнэ литературэ Iуэху иным хэта тхакIуэ, усакIуэ, зэдзэкIакIуэ Маргъущ Марьянэ зэфIэкI зиIэу къалъытэхэм ящыщщ.
24 марта, 2023 - 17:55
Шэрэдж псыхъуэм лъэныкъуитIымкIи декIуэкI автомобиль зекIуапIэхэр, Урвань (Аруан) – Уштулу федеральнэ мыхьэнэ зиIэмрэ Старэ Шэрэдж – Жэмтхьэлэ – Сукан-Суу гъуэгумрэ, зэпызыщIэ Iыхьэу ГЭС-хэм я щхьэкIэ щыIэр (километри 2-м щIигъу и кIыхьагъщ) къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж.
«ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектым ипкъ иту мы зэманым зэлэжь автомобиль зекIуапIэр куэд щIащ къызэрагъэсэбэпрэ Жэмтхьэлэ, Зэрэгъыж жылэдэсхэм Шэрэдж районым и къуажащхьэ Къэщкъэтау зыпащIэнымкIи республикэм и къалащхьэм гъуэгу нэхъ гъэкIэщIакIэ лъэIэсынымкIи.
24 марта, 2023 - 17:32
КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, уэрэдус цIэрыIуэ Вындыжь Марие и зэфIэкIым и щыхьэту КъБР-м ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ, ЩэнхабзэмкIэ и министерствэхэм, Дунейпсо Арткомитетым я щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр къыхуагъэфэщащ.
24 марта, 2023 - 16:44
А цIэр зэрехьэ Геленджик («Хъулъыжъый», зэпкърыпхмэ: «хъулъэ» - хъупIэ, «жъый» - цIыкIу) къалэм къуэкIып
24 марта, 2023 - 15:22
«Егъэджэныгъэм и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и IуэхукIэ
24 марта, 2023 - 15:16
Къарэмырзэ Б. С. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Жылагъуэ палатэм хэгъэхьэным и IуэхукIэ
«Урысей Федерацэм и щIыналъэхэм я жылагъуэ палатэхэр къызэрагъэпэщыныр, лэжьэныр зытет я зэхуэдэ хабзэхэм я IуэхукIэ» Федерацэ законым и 8-нэ статьямрэ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Жылагъуэ палатэм и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и 9-нэ статьямрэ япкъ иткIэ унафэ сощI:
24 марта, 2023 - 15:09
Урысей МВД-м Iуащхьэмахуэ районым щиIэ къудамэм и лэжьакIуэхэм даIыгъащ «Лъы тыи, цIыхур къегъэл» Iуэхур.
24 марта, 2023 - 15:07
«Урысей гвардием и махуэхэр» акцэм хыхьэу Ведомствэм щIэмыт Бахъсэн къудамэм и лэжьакIуэхэм Бжэ зэIухам и махуэ драгъэкIуэкIащ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ школым и кадет классым щеджэхэм.
24 марта, 2023 - 15:06
Къалащхьэм и лъэс зекIуапIэхэм, ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм, Дэшхуей гуэрэным - псоми гъатхэм зыдащI. ЩIыпIэ-щIыпIэхэм зэуэ къыщыхутащ техникэхэмкIэ къызэгъэпэща коммунальнэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэри: жыгхэр яухъуэнщI, лъагэу дэкIеяхэм я щхьэкIэхэр пах. Лэжьыгъэшхуэ къыщрахьэлIахэм ящыщщ Головком и цIэр зезыхьэ уэрамыр. Курыт еджапIэ №1-м ихъуреягъым щыта жыгышхуэхэм еджапIэр къызэрыхэщыж щыIэтэкъым - апхуэдэт уэрам ирикIуэм и бгъуитIри. Жыг куэд бжьыхьэм яухъуэнщIащ, чэзур къызылъысахэм иджыпсту йолэжь.
24 марта, 2023 - 14:41
Мы тхыгъэр зытеухуа Хьэмыкъуэ Маринэ и IэщIагъэкIэ зэдзэкIакIуэщ.
24 марта, 2023 - 12:48
Iэпкълъэпкъыр зезыгъакIуэ къупщхьэхэмрэ лыпцIэхэмрэ зэпызыщIэжри, цIыхум узыр зыхезыгъащIэри, зыгъэбауэри, зыгъэпсалъэри щхьэкIуцIым екIуэлIэж псантхуэхэращ. Псантхуэхэр пкъыгъуищу зэхэлъщ: щхьэкуцIыр, тхыцIэм илъ куцIыр, Iэпкълъэпкъ псом игуэша къуэпсхэр.
24 марта, 2023 - 12:42
Жэбалы Заирэ зи лэжьыгъэхэм псэм зыдащI сурэтыщI ныбжьыщIэщ. Абы щIэщыгъуэ къыхелъагъукIыф дунейм. И сурэтхэр къыхех щIыуэпсым, къаIэпех къуалэбзухэм, къахегъуатэ къэкIыгъэхэм. Псэ хелъхьэри, ущеплъкIэ мыгурыIуэгъуэу къару щабэ гуэр хыболъагъуэ.
24 марта, 2023 - 12:40
Гъатхэпэм и 24, бэрэжьей
♦Жьэн узым ебэныным и дунейпсо махуэщ
♦Урысейм и Дзэ-Хьэуа Къарухэм я штурман IэнатIэм и махуэщ
♦1948 гъэм къалъхуащ философие щIэныгъэхэм я доктор, ЩIДАА-м и академик, КъШР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шенкао Мухьэмэд.
♦1948 гъэм къалъхуащ КъШР-м и къэрал, политикэ лэжьакIуэ Арэшыкъуэ Мухьэмэд.
|