|
Календарь событий
07 марта 2023
7 марта, 2023 - 19:45
Кхъузанищ
- ПщIэрэ уи цIыхугъэм уэр щхьэкIэ жиIар? – хуэтхьэусыхэну къригъэжьащ зыгуэр лIы Iущ гуэрым.
- Зэ догуэ! – къигъэувыIэжащ ар модрейм. – Иджыпсту къызжепIэну зыбгъэхьэзырар кхъузанищым щIэгъэпщ.
- Сыт кхъузанищым къибгъэкIыр?
- Зыгуэр жыпIэн ипэ, ар щэ щIэбгъэпщын хуейщ. Япэ кхъузанэр – пэжырщ. ЖыпIэнур пэжрэ-мыпэжрэ зэхэбгъэкIа, шэч къытуомыхьэжын хуэдэу?
- Хьэуэ, сэ сызытепсэлъыхьынур яIуэтэжу зэхэсхауэ аращ.
7 марта, 2023 - 19:00
Налшык къалэ дэт «Гладиатор» спорткомплексым гъатхэпэм и 4 – 5-хэм щекIуэкIащ дзюдомкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ. Ар хуэгъэзауэ щытат «Динамо» Урысейпсо физкультурэ спорт зэгухьэныгъэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэсищэ зэрырикъум.
7 марта, 2023 - 18:44
1944 гъэм, ЦIыхубзхэм я дунейпсо махуэр щагъэлъапIэ гъатхэпэм и 8-м, Сталиным и унафэкIэ балъкъэрхэр КъБАССР-м ирашауэ щытащ. Ахэр яшащ Къыргъызымрэ Къэзахъстанымрэ. Хэкур ирагъэбгынэрт лъэпкъым щыщ псоми - Хэку зауэшхуэм хэтахэми, ныкъуэдыкъуэхэми, адэ-анэхэми, фронтым Iутхэм я щхьэгъусэхэми, сабийхэми, депутатхэми. Абыхэм къащтэну хуит ящIыр гъуэмылэ тIэкIурэ IэкIэ къахуэщтэ мылъкумрэт. Гъатхэпэм и 9-м Азие Курытымрэ Къэзахъстанымрэ ирагъэшащ цIыху 37713-рэ, нэхъыбэр сабий, цIыхубз, лIыжьхэрт.
7 марта, 2023 - 16:44
Къаплъэн-Джэрий и дзэр 1707 гъэм зэтезыкъута къэбэрдеилI хахуэхэм ящыщщ Ашабэ и къуэ Минчакъ. Ар Къэзанокъуэ Жэбагъы и къуажэгъуу щытащ. КъэзыIуэтэжхэм абы и цIэр зэтемыхуэу жаIэ – Минчакъ, Минщакъ, МыкIакъ, Къэлшакъ, Къылшыкъуэ. Хэти ар пщыуэ щытауэ, хэти пщылIу щытауэ жаIэ.
7 марта, 2023 - 14:41
ЛIыхъужь хъуну зэи щIэхъуэпсакъым Махъсымэ. И гъунэр ещIэж. Ауэ зи пэ лъы ивэжауэ дэтхэми ящыщкъым. ФIыуэ къэзылъагъу цIыхуфIхэр пщIэ къыхуэзымыщI фыгъуэнэдхэм нэхърэ щынэхъыбэкIэ, зы адыгэлI ирокъу. Сыт къыщIамылъагъуныр? Ефэкъым, дыгъуэкъым, зауэкъым, и Iэр шияуэ дэткъым, фыз иригъэкIыжакъым, къэзылъхуари къилъхуари епIыж. И унэр лъагэщ, и пщIантIэр хуитщ, и быныр гъэсащ, и телефоныр зарядкэм пылъщ. Зыгуэр дэбгъуэну уигу къэкIыххэкъым Махъсымэ, укъыфIэмыIуэхукIи уи жагъуэ хъунукъым, апхуэдизкIэ щIалэфIщи. Бзаджэкъым икIи акъылыншэкъым, щхьэхынэкъым икIи хабзэншэкъым. ЦIыхуфI?
7 марта, 2023 - 14:41
Австралием телъыджэ куэд къызэрыщыхъум десэжа пэтми, мы хытIыгум дызригъэплъхэр апхуэдизкIэ нэгум къыщIэгъэхьэгъуей защIэщи, укъэмыуIэбжьыну гугъущ.
7 марта, 2023 - 13:33
УФ-м и Правительствэм къыщыхалъхьащ зэманыр гъэмахуэ, щIымахуэ лъэхъэнэхэу зэщхьэщыкIыгъэкIыным теухуа жэрдэм. Къэрал Думэм и депутат Матвеев Михаил къелъытэ иджыпсту илъэс хъурейм дызытет щIымахуэ лъэхъэнэр къемызэгъыу: «Гъэмахуэм дыгъэр нэхъ жьыуэ къыщIокI, абы къыхэкIыу сыхьэтыр зэрыраIуэнтIэкIым къигъэлъэгъуэнущ махуэр нэхъ кIыхь зэрыхъуар, нэхум нэхъыбэрэ хэтынуи цIыхум нэхъ IэмалыфI зэриIэр». Газетхэм зэратхымкIэ, цIыхубэ лIыкIуэм и Iуэху еплъыкIэр Урысейм щыпсэухэм я процент 65-м даIыгъ. Сыт щхьэкIэ?
7 марта, 2023 - 13:28
Эверест (Джомолунгмэ) нэхъ бгы лъагэ дуней псом темыту жиIэнущ хэт уемыупщIми. Курыт еджапIэм къыщIэтха щIэныгъэмкIэ аращ и пэжыпIэри. Ауэ куэдым ящIэркъым абы нэхърэ куэдкIэ нэхъ ин, километри 10-м щIигъу зи лъагагъ бгы абрагъуэ Гавайи зэрыщыIэр.
7 марта, 2023 - 12:28
Гъатхэр псэм и щIэрэщIэгъуэщ. ЩIымахуэ кIыхьым и ужькIэ, гурыщIэхэр, гугъэхэр къыщыушыж лъэхъэнэ хуэдэщ ар. Апхуэдэуи гукъыдэжым и «тетхэм» ящыщщ уэрэдхэр. А тIур зэппх хъуну къыщIэкIынщ. Зи макъыр гуакIуэ, зи утыку итыкIэм щэн дахэ хэлъ ди уэрэджыIакIуэ нэхъ пажэхэм ящыщщ бзылъхугъэ щыпкъэ Даур Иринэ. Кавказ Ищхъэрэм щыпсэухэм я мызакъуэу, ар хамэ къэралхэми къыщацIыхуащ, фIыуэ щалъагъу.
7 марта, 2023 - 10:35
Къэбэрдей прозэм куэдрэ узыщыхуэмызэ фантастикэ, детектив лIэужьыгъуэхэм тету тха тхыгъэхэм ящыщщ Къанкъул Заур и «КIэгъуасэ хужь» рассказыр. Фантастикэ жанрым и мардэм ит абы и рассказхэм ущеджэкIэ гу лъыботэ, тхакIуэм щапхъэуи чэнджэщэгъууи иIар езым и дуней, гъащIэ еплъыкIэр зэрыарар икIи ахэр езым и акъылым зэрызригъэзэхуэфым хуэдэу зэригъэзахуэри, ди пащхьэм кърилъхьащ.
7 марта, 2023 - 09:19
Къэбэрдей-Балъкъэрым Сабий зэчиифIэхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ я уардэунэм иджыблагъэ «Iущхэмрэ Iущыцэхэмрэ» зи фIэщыгъэ щIэныгъэ-егъэджэныгъэ хэдэрыхэш зэхьэзэхуэм и IX хэгъэгупсо зэхыхьэгъуэм и бжьыгъуэ зэфIэхь ныкъуэр щекIуэкIащ, кърикIуахэри наIуэ щащIащ.
7 марта, 2023 - 08:03
Гъатхэпэм и 7, гъубж
Театрым зэрыщIыхьэ билетхэр зыщэ кассирым и махуэщ
1960 гъэм Куба щыщ жэмыш Пащты Салимэ Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь цIэр къыфIащащ.
1919 гъэм къалъхуащ адыгей тхакIуэ, усакIуэ, зэдзэкIакIуэ, Жанэ Къырымызэ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 8 - 10, жэщым градуси 2 - 4 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
|