Жылагъуэ

Фэеплъыр къагъэщIэрэщIэжащ

ХьэтIохъущыкъуей къуажэм, ЛъагапІэ-910-к1э зэджэ щІыпІэм деж, иджыблагъэ щызэхэтащ генерал-майор Захаров Фёдор и фэеплъыр къызэрагъэщIэрэщIэжам ирихьэлIэ пэкIушхуэ.

ЩIыуэпсым псори къегупсыс

Дунейм къыщыунэхуагъэнкъым дыкъэзыухъуреихь щIыуэпсым и хабзэ гъэхуахэр къежьапIэ зыхуэмыхъуа, ирехъу ар кхъухьлъатэ е мафIэгу. Къэтщтэнщ ди мэзхэм гъунэжу щIэт мэз бзий (папоротник). Хэт игугъэнт, абы и фIыгъэкIэ смартфонхэм я зарядкэхэр нэхъыбэрэ лажьэу, хэбгъэзыхьмэ, мытIысыххэу къагупсысыну.

 Дызэрыщыгъуазэщи, нобэ жып телефоным и фэм къыдамых зыри къэнакъым, Iуэхутхьэбзэ нэхъыбэ кебгъэщIэху, езыри нэхъ щIэх мэтIыс, электрокъарум пыбдзэн хуейуэ. Мельбурн (Австралие) къалэм  дэт технологическэ институтым хэкIыпIэ телъыджэ къыщагупсысащ.

Лъэпкъ зэкъуэтыныгъэм и нэщэнэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралыгъуэ зэригъуэтрэ илъэси 100 зэрырикъур ди республикэм Iэтауэ щагъэлъэпIащ. ЩIыналъэм хыхьэ щIыпIэ псоми зэдэууэ щаIэтащ а гуфIэгъуэр, ди цIыхухэр зэрызэкъуэтыр, мамырыгъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ и телъхьэу зэрыщытыр къагъэлъагъуэу.
А махуэшхуэм тегъэпсыхьаIуэхугъуэ куэд дэнэкIи къыщызэрагъэпэщащ тхьэмахуэ блэкIам. Апхуэдэхэт къыщыщIэдзауэ зэхыхьэ гуапэхэр, щагъэлъэпIащ нэхъыжьыфIхэр, лэжьыгъэм къыхэжаныкI IэщIагъэлIхэр, щагъэгушхуэащ къэкIуэнур зей щIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ.

Хъыбар гъэщIэгъуэн

Мысырым щыщ дин щIэныгъэлI, щихъ Абдул Кафи Умар Совет Союзым щэхуу диныр щызэрахьэу зэрыщытам теухуа хъыбар гъэщIэгъуэн къеIуэтэж.

ПцIым фIым ухуишэркъым

Урысей ФСБ-м и Управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэм коррупцэм пэщIэтынымкIэ Iуэхухэр щрагъэкIуэкIым къызэпаудащ къулыкъу зыIыгъым зэрихьэ хабзэншагъэр.
Шэч зыхуащIым, Урысей ФСИН-м и Управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэм, хъыбар нэпцIхэр къыщигъэлъагъуэрт медицинэ къэпщытэныгъэм кърикIуахэм - суд зытращIыхьахэр зэрымыузыншэм къыхэкIыу тезырхэр щагъэзэкIуэж щIыпIэхэм бгъакIуэ мыхъун хуэдэу иритхэрт.

РОЗЭ

 Пщэдджыжьым сыкъызэрыушу соплъ, тхьэмахуэм нэсауэ си щхьэгъубжэм къыIут розэ гъэгъам. Абы абджынэ зэпэплIимэм апхуэдизу зыкъригъэзэгъащи, псэ зыIут гуэр набдзэгубдзаплъэу пэшым къыщIэплъэ хуэдэщ. Сыхъэр къызыпих къапщIий плъыжь - фIыцIафэхэр, аршыным щIигъуу зызыIэта лъадий Iэчлъэчыр… хэкIэса бжьыхьэм дахагъэрэ къарууэ иIэж псори хилъхьащ жыпIэнщ, иужь дыдэу къэгъэгъа розэ закъуэм. Теплъэр, плъыфэр, къыплъэмыIэс щIыIэтыIагъ зыщIэлъ мэ гуакIуащэр… ЩIы фIыцIэр къэтIэщIи, дэнэ деж а псори зэгъусэу здыщIэлъыр? – Тхьэм и къарур уи фIэщ ирихъуну пхурикъунщ а зыр.

Урысейпсо акцэм хэтщ

ФокIадэм и 7-м Новороссийск къалэм щежьащ «Вахта Памяти» урысейпсо акцэр. Мы гъэм ар хуагъэпсащ къалэр нэмыцэ-фашист зэрыпхъуакIуэхэм къыщыIэщIагъэкIыжа махуэм. Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэу абы хэтщ республикэм и суд приставхэр. 

IэпапIэ фIыцIэ

Арыншами зэв мо фэтэр бжэIупэ тIэкIум джэгужьыр щагъэш. Ар зэхэзыублари щIызэхаублари щхьэусыгъуэ хуейуи щыткъым… Джэгум кIэщIэт Iэгу цIынтIэ тIэкIури, дэпкIей-дэлъейрэ тхьэмыщкIафэу, зы лъэныкъуэкIэ къыщопIэнкI.
Зи лъакъуэхэм ерагъыу яIыгъ цIыхубзышхуэр, утыкур хуримыкъуу, къофэри къофэ… хъурейуэ къеувэкIа гуп чэфми ар къауфэрэзыхь, нэхъри къызэщIагъаплъэу. Ешагъэнкъэ иджы щыжыпIэм, дэнэт, «Iэпщацэхэ я кхъуейжьапхъэу» зыкъызыщIедзыж. 

Апхуэдэущ анэдэлъхубзэр зэрагъэбыдэр

КъытщIэхъуэ щIэблэм анэ­дэлъхубзэр егъэджыныр мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэху­гъуэщ икIи щIыхь зыпылъ ­къалэнщ, сыту жыпIэмэ лъэпкъ тхыдэр, хабзэхэр, нэ­щэнэхэр, гупсысэкIэмрэ псэу­кIэмрэ къозыгъащIэу щыIэр а зы Iэмалырщ - бзэращ а псоми я хъумакIуэр.

ГъащIэм пхрыплъыфырт

Иджыблагъэ илъэс плIыщI ирикъуащ дунейм зэрехыжрэ Къэ­бэрдей-Балъкъэрым и зыужьы­ныгъэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуэ­зыщIа парт, жылагъуэ лэжьакIуэ пэрыту щыта Жыласэ Жыраслъэн. 

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ